Уэрэд 95 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр95-нэ Уэрэд Тхьэуэ Псоми Я Нэхъ Пащтыхьышхуэр 1 Зиусхьэным уэрэдыщӀэ хужыфӀэ; хужыфӀэ уэрэд зэрыщӀыгуу Зиусхьэным! 2 Уэрэд хужыфӀэ Зиусхьэным, Абы и цӀэм щӀыхь хуэфщӀ, дыкъызэрыригъэлам и хъыбар махуэ къэс фӀуатэ! 3 И щӀыхьыр яхуэфӀуатэ цӀыху лъэпкъхэм, и телъыджащэхэр лъэпкъ псоми евгъащӀэ. 4 Сыту жыпӀэмэ ин дыдэщ Зиусхьэныр, щӀыхь псори хуэфащэщ Абы, Ар тхьэ псоми я нэхъ шынагъуэщ. 5 Сыту жыпӀэмэ цӀыху лъэпкъ псоми я тхьэхэр тхьэ нэпцӀщ, ауэ Зиусхьэным къигъэщӀащ уафэхэр. 6 ЩӀыхьымрэ лъытэныгъэшхуэмрэ Абы и пащхьэщ, лъэкӀыныгъэмрэ дахагъэмрэ Абы и унэшхуэм щыӀэщ. 7 ЦӀыху лъэпкъхэм я унагъуэ щхьэхуэхэм фӀыщӀэ псори хуэфлъагъу Зиусхьэным, щӀыхьымрэ лъэкӀыныгъэмрэ хуэфлъагъу Зиусхьэным. 8 Зиусхьэным и цӀэм хуэфащэ щӀыхьыр хуэфлъагъу, тыгъэхэр хуэфхьи, фыдыхьэ Абы и пщӀантӀэхэм! 9 Фащэ лъапӀэ фщыгъыу, Тхьэм и унэшхуэм щхьэщэ щыхуэфщӀ Зиусхьэным. Абы и пащхьэм щрекӀэзыз зэрыщӀыгуу! 10 ЯжефӀэ цӀыху лъэпкъхэм: «Тепщэныгъэр иӀыгъщ Зиусхьэным!» Абы папщӀэ быдэу игъэуващ дунеишхуэр, къэскӀэнкъым ар. ЦӀыху лъэпкъхэм я Ӏуэхухэр щыпкъагъэкӀэ зэхихунщ Абы. 11 Иренэжэгужэ уафэхэр, игу щыхрырехъуэ щӀылъэм; щребырсыр хыри абы хэс псори. 12 ЩрегуфӀэ губгъуэр, абы щыкӀ псори, щрегуфӀэ мэзым щӀэт жыгхэри – 13 Зиусхьэным и пащхьэм, сыту жыпӀэмэ ар къокӀуэ, щӀылъэм хьэкум трищӀыхьыну. Дунеишхуэм и Ӏуэхухэр щыпкъагъэкӀэ зэхихунщ Абы, цӀыху лъэпкъхэри – Езым щыпкъагъэу хэлъымкӀэ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden