Уэрэд 46 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр46-нэ Уэрэд Псоми я нэхъ Лъагэр 1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Корах и къуэхэм папщӀэ. Уэрэд 2 Ӏэгу феуэ цӀыху лъэпкъ псори, гуфӀэгъуэм и макъ лъэщкӀэ Тхьэм зыхуэвгъазэ; 3 сыту жыпӀэмэ Зиусхьэну Псом я нэхъ Лъагэр шынагъуэщ, – щӀыгу псоми и Пащтыхьышхуэр. 4 ЦӀыху лъэпкъхэр ди Ӏэ кърилъхьащ, лъэпкъ цӀыкӀухэр ди лъэгу къыщӀигъэуващ. 5 ӀыхьэфӀ тхуэхъунур тхухихащ – Израил лъэпкъыу фӀыуэ илъэгъуар зыгъэгуфӀэ Ӏыхьэр. 6 ГуфӀэгъуэ макъышхуэм хэту, Зиусхьэну Тхьэр дэкӀуеящ и унэшхуэм, сыринэ макъхэр къэӀу зэпыту. 7 Ди Тхьэм щыхь уэрэдыр хужыфӀэ, щӀыхь уэрэдыр хужыфӀэ, ди пащтыхьым щӀыхь уэрэдыр хужыфӀэ, хужыфӀэ. 8 Сыту жыпӀэмэ Тхьэр щӀыгу псоми я пащтыхьщ; щӀыхь уэрэд жыфӀэурэ, щӀыхь хуэфщӀ. 9 Тхьэм цӀыху лъэпкъхэр егъэӀурыщӀэ, и тахътэ лъапӀэм тесщ Ар. 10 Ибрэхьим игъэлъапӀэ Тхьэм и цӀыху лъэпкъым деж щызэрыугъуеящ цӀыху лъэпкъхэм япщхэр; сыту жыпӀэмэ щӀыгум щынэхъ лъэрыхьхэри Тхьэм и Ӏэ илъщ; Ар абыхэм я щхьэщ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden