Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -

Уэрэд 36 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


36-нэ Уэрэд ЦӀыху бзаджэмрэ цӀыхуфӀымрэ я насыпыр
Даут и уэрэд

1 ЦӀыху бзаджэхэм зумыгъэгъапэ, мыхъуну зекӀуэхэм уемыхъуапсэ –

2 сыту жыпӀэмэ удз хуэдэ кӀуэдыжынущ, удз щхъуантӀэм хуэдэу гъуэлэжынущ.

3 Зиусхьэным ущыгугъыурэ, фӀы лэжь; шынагъуэншэу щӀым ущыпсэунщ итӀанэ.

4 ГуфӀэгъуэ хэгъуатэ Зиусхьэным – уигу фӀэигъуэр Абы къыпхуищӀэнущ.

5 Зиусхьэным уи гъуэгу хуэгъазэ, щыгугъи, Абы къыпхуищӀэнщ.

6 Уи хеягъэ нэхунэм хуэдэу, уи захуагъи шэджагъуэм хуэдэу къыхигъэщынщ Абы.

7 Зиусхьэным и пащхьэ щыӀэсэ, зышыӀэ, Абы щыгугъ. Уемыхъуапсэ зи Ӏуэху къызыдэхъум, хьилагъэ зезыхьэм зумыгъэгъэгумэщӀ.

8 Губжьыным зыщыдзей, зызыщӀумыгъаплъэ, абы къыхэкӀыр фӀыкъым.

9 Сыту жыпӀэмэ лъапсэншэ хъунущ цӀыху бзаджэхэр, Зиусхьэным щыгугъхэм ӀыхьэфӀ яхуэхъунущ щӀыгур.

10 Иджыри тӀэкӀу дэкӀмэ, цӀыху бзаджэр щыӀэжынукъым; абы и щӀыпӀэ уеплъмэ – ар нэщӀ хъунущ.

11 Пагагъ зигу имылъхэм яӀэщӀыхьэжынущ щӀыгур, дунейм и къулеигъэм гуфӀэгъуэ щагъуэтынущ абыхэм.

12 Тхьэм хуэщыпкъэ цӀыхум гухэлъ Ӏейхэр хузэхалъхьэ цӀыху бзаджэхэм, и дзэхэр абы хузэрегъэшх.

13 А цӀыху бзаджэм щодыхьэшх Зиусхьэныр, щыкӀуэдыжыну махуэр абы къызэрыхуэкӀуэр елъагъури.

14 ТхьэмыщкӀэри зыри зимыӀэхэри ягъэкӀуэдыну, гъуэгу захуэм ирикӀуэхэр яукӀын я хьисэпу, цӀыху бзаджэхэм я джатэхэр кърах, къашэщӀ я шабзэ.

15 Абыхэм я джатэхэр езыхэм ягу хаӀужынщ, я шабзэхэри зэпыщӀыкӀынщ.

16 Тхьэм хуэщыпкъэм и мащӀэр нэрыбгэ бзаджэхэм я мылъкушхуэм нэхърэ нэхъ дэгъуэщ,

17 сыту жыпӀэмэ цӀыху бзаджэхэм я Ӏэхэр зэпыщӀыкӀынущ, ауэ Езым хуэщыпкъэхэм я гуащӀэр Зиусхьэным егъэбыдэ.

18 Мыхъун зыбгъэдэмылъхэм яхуогумэщӀ Зиусхьэныр, абыхэм мыкӀуэдыж ӀыхьэфӀ яхуещӀ.

19 Ӏыхьэншэ хъункъым ахэр махуаем, гъаблэм и махуэхэми мэжэлӀэнкъым.

20 Ауэ кӀуэдынщ цӀыху бзаджэхэр, Зиусхьэным и бийхэри губгъуэм ит гъэгъам хуэдэу лъэлъэжынщ, Ӏугъуэм хуэдэу кӀуэдыжынщ ахэр.

21 ЦӀыху бзаджэм щӀыхуэ къещтэри, итыжыркъым; Тхьэм хуэщыпкъэм ятыж, хьэлэлщи.

22 Сыту жыпӀэмэ Зиусхьэным и нэфӀ зыщыхуахэм ӀыхьэфӀ яхуэхъунущ щӀыгур, Абы и ней зыщыхуахэр лъапсэншэ хъунщ.

23 ЦӀыху гуэрым и гъуэгу Зиусхьэным игу ирихьмэ, и лъакъуэхэр и гъуэгупэ щегъэбыдэ,

24 ар ебэкӀи джалэркъым, абы и Ӏэр Зиусхьэным иӀыгъщи.

25 СыщӀалащ, жьыи сыхъуащ, ауэ слъэгъуакъым сэ Тхьэм хуэщыпкъэр щыгъупщауэ, абы и быным хьэлу къилъэӀухуэу.

26 Абы и гущӀэгъур зэпыуркъым, щӀыхуэ ит зэпытщ, и быным и хьэтыркӀэ Тхьэм и нэфӀ абы къыщохуэ.

27 Зыщыдзей бзаджагъэм, фӀы лэжь, апхуэдэу хъумэ, игъащӀэкӀэ упсэунщ.

28 Сыту жыпӀэмэ захуагъэр и щӀасэщ Зиусхьэным, и цӀыху лъапӀэхэр утыкум къринэркъым; Езым хуэщыпкъэхэр игъащӀэкӀэ къихъумэнущ; цӀыху бзаджэхэм я бынхэр лъапсэншэ хъунщ.

29 Тхьэм хуэщыпкъэхэм щӀыгур ӀыхьэфӀу къалъысыжынщ, абы щыпсэунщ ахэр игъащӀэкӀэ.

30 Тхьэм хуэщыпкъэм къыжьэдэкӀыр губзыгъагъэщ, абы и бзэгум жиӀэр захуагъэщ.

31 Абы и гум илъщ и Тхьэм и хабзэр; абы и лъакъуэхэр гъуэгум дэхынукъым.

32 ЦӀыху бзаджэр Тхьэм хуэщыпкъэм йощэ, щӀокъу зэригъэкӀуэдыным.

33 Ауэ Зиусхьэным ар абы и Ӏэ ирилъхьэнкъым, абы хьэкум тращӀыхь щыхъукӀи, яригъэгъэмысэнкъым.

34 ЗышыӀэ, Зиусхьэным щыгугъ, Абы и гъуэгум удэмых; щӀыгур ӀыхьэфӀ пхуэхъуну Абы уигъэинынщ; цӀыху бзаджэхэр зэрагъэкӀуэдыр плъагъунщ.

35 ЦӀыху бзаджэ зыгъэшынэхэр слъэгъуащ сэ, жыг къудамэбэу лъабжьэ быдэкӀэ зызыубгъуам хуэдэу;

36 ауэ итӀанэ абы сыщыблэкӀым ар щыӀэжакъым, сылъыхъуащ – згъуэтакъым.

37 Мысагъэ зимыӀэ цӀыхум кӀэлъыплъ, гъуэгу захуэм тетым еплъ, сыту жыпӀэмэ мамырыгъэ къызыбгъэдэкӀ цӀыхум бын къыщӀэхъуэнщ.

38 Хабзэншэу псэухэр псори ягъэкӀуэдынщ; цӀыху бзаджэхэм къатехъукӀынухэр лъапсэкӀуэд хъунщ.

39 Езым хуэщыпкъэхэр Зиусхьэным къригъэлынщ; къиныгъуэм абыхэм Ар щхьэегъэзыпӀэ яхуэхъунщ.

40 Абыхэм ядеӀэнщи, Зиусхьэным хишыжынщ; бзаджащӀэхэм ящихъумэнщи, къригъэлынщ, щхьэегъэзыпӀэкӀэ Абы щогугъри.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:



ကြော်ငြာတွေ