Уэрэд 32 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр32-нэ Уэрэд ЩӀыхь уэрэд Даут и уэрэд 1 Зиусхьэным гуфӀэгъуэ хэвгъуатэ Тхьэм хуэщыпкъэхэм; зигукӀэ захуэхэм щӀыхь ящӀыныр къокӀу. 2 ШыкӀэ пшынэкӀэ щӀыхь хуэфщӀ Зиусхьэным, уэрэд хужыфӀэ бзэпсипщӀ зытелъ пшынэ дыкъуакъуэкӀэ. 3 УэрэдыщӀэ хужыфӀэ Абы; бзэпскӀэ хужыфӀэ хуэӀэзэу, макъыр хэфӀэтыкӀыурэ хужыфӀэ. 4 Сыту жыпӀэмэ Зиусхьэным и псалъэхэр захуэщ. Абы и Ӏуэху псоми щыпкъагъэ хэлъщ. 5 Абы и щӀасэщ щыпкъагъэр, захуагъэр, Зиусхьэным и лъагъуныгъэ мыкӀуэдыж щӀыгум тезщ. 6 Зиусхьэным езым и псалъэкӀэ уафэгухэр къигъэщӀащ, и унафэкӀэ – уэгум къыщынэхухэр. 7 Хыпсхэр иугъуеящ Абы зэтезэрыгуэу, хы кууупӀэхэр угъуеипӀэхэм Абы иригъэхъуащ. 8 Щрешынэ зэрыщӀыгуу Зиусхьэным; дунеишхуэм тет псори Абы и пащхьэм щрекӀэзыз. 9 Сыту жыпӀэмэ Абы жиӀэри – къэхъуащ; унафэ ищӀри – къэлъэгъуащ. 10 Зиусхьэным хамэ лъэпкъхэм къаухэсыр зэхекъутэ, зэхекъутэ цӀыху лъэпкъхэм я гухэлъхэр. 11 Зиусхьэным къиухэсар игъащӀэкӀэ щыӀэнущ; и гупсысэхэри лӀэужь псоми ядызекӀуэнущ. 12 Гъуэгу махуэ теуващ Зиусхьэныр зи Тхьэ цӀыху лъэпкъыр, Езым и ӀыхьэфӀыр зрита лъэпкъыр. 13 Уафэм щыӀэ Зиусхьэныр къоплъыхри, цӀыху псори елъагъу, 14 И тахътэм зэрытесу, щӀыгум тет псори елъагъу. 15 Псоми ягухэр Абы егъэпс, я Ӏуэху псори зэхещӀыкӀ. 16 Дзэшхуэми хуэхъумэнкъым пащтыхьыр; хуэхъумэнкъым щэджащэр, и гуащӀэр ин дыдэми. 17 УкъригъэлынкӀэ дзыхьщӀыгъуэджэщ шыр, абы и гуащӀэ лъэщми ухишыжынкъым. 18 Аращ, Зиусхьэным щышынэу, Абы и лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжым щыгугъхэм и нэӀэ ятригъэтщ Абы, 19 щихъумэну ажалым, гъаблэм щыгъуэ шхын щимыгъэщӀэну. 20 Дэ дигукӀи ди псэкӀи Зиусхьэным дыщогугъ: Ар ди дэӀэпыкъуэгъущ, ди мэӀущ; 21 дэ дигухэр Абы къегъэжан; сыту жыпӀэмэ дэ дыщогугъ Абы и цӀэ лъапӀэм. 22 Дыпщогугъри, Зиусхьэн, уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр ди щхьэщыгу ирет. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden