Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -

Уэрэд 29 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


29-нэ Уэрэд ЩӀыхь тхьэлъэӀу

1 Тхьэм и унэшхуэр ягъэувыжу зыщыхуагъазэм жаӀа уэрэд. Даут и уэрэд

2 Зиусхьэн, сызэхэпхащ, си бийхэр къысщӀэбгъэнэкӀакъыми, узгъэлъэпӀэнщ,

3 Зиусхьэн, си Тхьэ! СынолъэӀуати, Уэ сыбгъэхъужащ сэ.

4 Зиусхьэн! Хьэдрыхэ сыкъипшыжащ, абы кӀуахэм сакъыхэпшыжри сыкъэбгъэпсэужащ.

5 Уэрэд хужыфӀэ Зиусхьэным, фэ, Абы и цӀыху лъапӀэхэм, Ар зэрылъапӀэр зыщывмыгъэгъупщэу щӀыхь хуэфщӀ.

6 Сыту жыпӀэмэ напӀэдэхьеигъуэщ Абы и губжьыр, Абы и фӀыгъэ къызокӀ игъащӀэм: пщыхьэщхьэм гъыныр си хьэщӀэщ, пщэдджыжьым – гуфӀэгъуэр.

7 ЩызифӀыгъуэм жысӀащ сэ: «ИгъащӀэкӀэ сылъэпэрэпэжынкъым».

8 Уи нэфӀ къысщыхуэщи, Зиусхьэн, Уэ къупщхьэ быдэу сыбгъэуващ, ауэ итӀанэ уи нэгу яфӀэбгъэпщкӀуати, шынагъуэм сызэщӀищтащ.

9 Абы щыгъуэм, Зиусхьэн, сэ Уэ сыноджащ, гущӀэгъу къысхуищӀыну селъэӀуащ Зиусхьэным:

10 «СылӀэмэ, и фӀагъыу сыт къокӀынур, хьэдрыхэ сыкӀуэмэ? Хьэдрыхэ сабэм уи щӀыхь жиӀэну? Щыпкъагъэу Уэ пхэлъыр абы залъригъэщӀэну?

11 Сызэхэхи, Зиусхьэн, къысхуэгъэгъу; Зиусхьэн, дэӀэпыкъуэгъу къысхуэхъу».

12 Си щыгъуэныр абы щыгъуэ гуфӀэгъуэ къафэкӀэ Уэ схузэблэпхъуащ, си щыгъуэ щыгъынхэр сщыпхри, дэрэжэгъуэ фащэкӀэ сыпхуэпащ.

13 Абы папщӀэ, зызмыущэхуу, уи щӀыхьыр сигукӀи си псэкӀи соӀуатэ. Зиусхьэну си Тхьэ! Сэ Уэ щӀыхь игъащӀэкӀэ пхуэсщӀынщ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:



ကြော်ငြာတွေ