Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -

Уэрэд 24 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


24-нэ Уэрэд Зэман шынагъуэм и тхьэлъэӀу
Даут и уэрэд

1 Си гур уи деж ныдызохьей, Зиусхьэн.

2 Уэ сыпщогугъ, си Тхьэ! ЕмыкӀу къызремыхь, си бийхэр къысщремыгуфӀыкӀ.

3 ЕмыкӀу къремыхь Уэ къыпщыгугъ псоми; егъэзыпӀэ хэмыхуауэ хьилагъэ зезыхьэхэм кърехь емыкӀу.

4 Сыгъэлъагъу, Зиусхьэн, уи гъуэгухэр, сащыгъэгъуазэ уи лъагъуэхэм.

5 Уи щыпкъагъэм и гъуэгум сытегъэуви, сыщыгъасэ, Уэращ Тхьэуэ сыкъезыгъэлыр; Махуэ еным сыпщогугъ.

6 Уи гущӀэгъурэ уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжрэ Уигу кърырекӀыж, Зиусхьэн, – ахэр кӀэи пэи зимыӀэщ.

7 Си щӀалэгъуэм гуэныхьу сщӀахэр, си хабзэншагъэхэр уигу ирыремылъ. Уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжым, уи фӀыгъэм я хьэтыркӀэ уигу сигъэлъ зэпыт, Зиусхьэн!

8 ФӀыщ икӀи захуэщ Зиусхьэныр; гуэныхьщӀэхэм Абы гъуэгу тэрэзыр ягурегъаӀуэ.

9 Пагагъэ зигу имылъхэр щыпкъагъэм хуеузэнщӀ, хуегъасэ ахэр и гъуэгум.

10 И лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжкӀэ, щыпкъагъэкӀэ ядызокӀуэ Зиусхьэныр Абы и зэгурыӀуэныгъэрэ и псалъэ гъуазэхэмрэ зыгъэзащӀэхэм.

11 Уи цӀэм и хьэтыркӀэ, Зиусхьэн, къысхуэгъэгъу си къуаншагъэр, ар ин дыдэщи.

12 Зиусхьэным фӀэлӀыкӀ хуизыӀэм къыхихын хуей гъуэгур къригъэлъагъунщ Абы.

13 Ар псэукӀэ хуэщӀам хэт зэпытынщ, быну къыщӀэхъуэм щӀыгур къаритынщ.

14 ФӀэлӀыкӀ хуизыӀэхэр и гухэлъхэм щегъэгъуазэ Зиусхьэным, ядищӀа зэгурыӀуэныгъэр зэрыщыпкъэр ягу къегъэкӀыж.

15 Си нэплъэгъуэ Зиусхьэным хуэгъэза зэпытщ; сыту жыпӀэмэ Абы хъым кърехыж си лъакъуэхэр.

16 Зыкъысхуэгъази, гущӀэгъу къысхуэщӀ, сыту жыпӀэмэ си закъуэщ, хэутэн сащӀащ.

17 Къахэхъуащ си нэщхъеягъуэхэм, си гузэвэгъуэхэм – сакъыхэшыж.

18 Къину сызыхэти си гукъеяуи уи нэӀэ къытедзи, къысхуэгъэгъу си гуэныхьхэр псори.

19 Си бийхэм къеплъ: сыту куэд хъурэ ахэр, залымхэу; сыту къыстеплъэ мыхъурэ ахэр!

20 Къэхъумэ си псэр, сыхэшыж, емыкӀу къызумыгъэхь, Уэ щхьэегъэзыпӀэу зыпхуэзгъэзащи.

21 Сыкърехъумэ къабзагъэмрэ щыпкъагъэмрэ, Уэ сыпщогугъри.

22 Израилыр и тхьэмыщкӀагъуэ псоми яхэшыж Уэ, си Тхьэ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:



ကြော်ငြာတွေ