Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -

Уэрэд 149 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


149-нэ Уэрэд ЩӀыхь уэрэд

1 УэрэдыщӀэ хужыфӀэ Зиусхьэным: Абы хуэщыпкъэхэм я зэӀущӀэм Абы щӀыхь щыхурещӀ.

2 Израил ирегуфӀэ ар къэзыгъэщӀам и хьэтыркӀэ; Цион и къуэхэр я Пащтыхьым хурегуфӀэ.

3 Абы щӀыхь хуэфщӀын папщӀэ фыкъафэ; уэрэд хужыфӀэ тимпанрэ пшынэдыкъуэкъуэкӀэ.

4 Сыту жыпӀэмэ Зиусхьэныр и цӀыху лъэпкъым къыхуогуфӀэ, пагагъэ зигу имылъхэм текӀуэныгъэр къарегъэхь.

5 Абы хуэщыпкъэхэм ирегъэмэхуэшхуэ, текӀуэныгъэр къыдахауэ, гуфӀэурэ, уэрэд жреӀэ, я тӀысыпӀэм щысу.

6 Тхьэм хуащӀ щӀыхьышхуэр я бзэгу трырелъ абыхэм, иреӀыгъ джатэ дзитӀыр,

7 Тхьэм цӀыху лъэпкъым ятрищӀыхьа хьэкумыр ягъэзэщӀэну, ягъэпшынэну лъэпкъ цӀыкӀухэр,

8 абыхэм я пащтыхьхэм пщэхъу иралъхьэну, я цӀыху цӀэрыӀуэхэм гъущӀ Ӏэхъулъэхъу иралъхьэну,

9 Тхьэм къарипэса хьэкумыр хуащӀыну. Мы щӀыхьыр – Абы хуэщыпкъэ псоми ейщ. Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:



ကြော်ငြာတွေ