Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -

Уэрэд 14 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


14-нэ Уэрэд Тхьэм и хьэщӀэ
Даут и уэрэд

1 Зиусхьэн! Хэт Уэ уи унэ – чэтэн унэ лъапӀэм исыну зыхуэфащэр? Хэт уи Ӏуащхьэ лъапӀэм тесыну зэппэсыр?

2 Мыхъун лъэпкъ зымылэжьу, захуагъэм ирипсэууэ, щыпкъагъэу игу илъыр къэзыӀуатэр арщ;

3 ИтӀани – цӀыхухэм пцӀы ятезымылъхьэу, бзэгузехьэныр зи мыщэну, зи зэран ныбжьэгъум езымыгъэкӀыу, зи гъунэгъур зымыубыр арщ.

4 Тхьэм ӀэщӀыб ищӀ цӀыхур къизымыдзэу, ауэ Зиусхьэным фӀэлӀыкӀ хуизыӀэхэм лъытэныгъэ яхуэзыщӀыр арщ; и ягъэ езым къекӀ пэтми, и тхьэрыӀуэ емыпцӀыжыр арщ.

5 Хэхъуауэ къратыжын щхьэкӀэ, ахъшэ щӀыхуэ зымыту, лажьэншэм егуэуэну Ӏулъхьэ къеӀызымыхыр арщ. Апхуэдэу псэур игъащӀэкӀэ лъэпэрэпэнкъым.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:



ကြော်ငြာတွေ