Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -

Уэрэд 138 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


138-нэ Уэрэд Тхьэм имыщӀэ щыӀэкъым
УэрэдыӀуэхэм я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд

1 Зиусхьэн! Уэ сыбгъэунэхуащ, сыкъыбощӀэ.

2 СызыщытӀысри сыкъыщытэджыжри Уэ уощӀэ. Си гупсысэхэр жыжьэу къыбощӀэ.

3 СызекӀуэми, зызгъэпсэхуми, Уэ къыздыбощӀэ сэ. Си гъуэгу псоми уащыгъуазэщ Уэ.

4 Си бзэгупэм къэмыса псалъэр Уэ, Зиусхьэн, ӀупщӀ дыдэу зэхыбощӀыкӀ.

5 Сыкъэбухъуреихьауэ си ужькӀи сяпэкӀи, уи ӀэкӀэ сыкъыбохъумэ.

6 СфӀэгъэщӀэгъуэн дыдэщ Уэ зэхэщӀыкӀыу къысхууиӀэр – куущ, сылъэӀэсын слъэкӀыркъым.

7 Уи пащхьэ сикӀыу, дэнэ сыкӀуэн, уи нэгу сыщӀэкӀыу, дэнэ сыжэн?

8 Уафэм сыдэкӀуейми, абы ущыӀэщ; хьэдрыхэ сихьэми, абыи ущыӀэщ.

9 Нэхущым и дамэхэр къэсщтауэ, хым и гъунэм сыщетӀысэхми,

10 абыи уи Ӏэм сыкъыщришэкӀынущ, уи Ӏэ ижьым сыкъыщиӀыгъынущ.

11 «КӀыфӀым срегъэпщкӀу, кӀыфӀ ирехъу нэхунэу сызыхэтыр», жысӀэми,

12 кӀыфӀым сыпфӀигъэпщкӀун лъэкӀынукъым, махуэм хуэдэу, жэщри нэхунущ. КӀыфӀри нэхунэм хуэдэщ УэркӀэ.

13 Сыту жыпӀэмэ Уэ бгъэпсащ си кӀуэцӀ илъхэр, си анэ и ныбэ силъурэ сыбгъэпсащ.

14 ЩӀыхь пхузощӀ, сыту жыпӀэмэ щӀагъуэ дыдэу сыбгъэпсащ. ЩӀагъуэ дыдэщ уи ӀуэхущӀагъэхэр, ирикъуу сызэхыбощӀыкӀ.

15 СыкъэбгъэщӀ щыхъум, Уэ ныбэ кӀуэцӀым сыщрищӀэм щэхуу сыщызэхэплъхьэ щыхъум, си Ӏэпкълъэпкъыр УэркӀэ Ӏэрыхуащ.

16 ГъэпсыкӀэ зимыӀэ си Ӏэпкълъэпкъыр Уэ уи нэхэм ялъэгъуащ, сэр папщӀэ бгъэнэхуа махуэ псори, абыхэм ящыщ щымыӀэххами, Уэ уи тхылъым иптхакӀэт.

17 Сыту хэӀэтыкӀа, ди Тхьэ, уи гухэлъхэр, абыхэм я бжьыгъэри сыту куэд хъурэ!

18 Ахэр къэслъытэну сыхуежьэмэ, пшахъуэм нэхърэ нэхъыбэщ; сыкъэушыжми, Уэ сыпщӀыгъущ.

19 ЦӀыху бзаджэхэр бгъэкӀуэдатэмэ, Уэ, ди Тхьэ! Лъым щӀэнэцӀхэм спэжыжьэ защӀэтэми!

20 БзаджагъэкӀэ Уэ къыппегъуэкӀыу мэпсалъэ ахэр; гухэлъ Ӏей яӀэу, зыкъаӀэт уи бийхэм.

21 Зиусхьэн, Уэ укъэзылъагъу мыхъухэр жагъуэгъу сщӀакъэ! ЗыкъыппэзыӀэтхэм нэмыплъ естыркъэ?

22 ЛъэкӀыныгъэу сиӀэмкӀэ согъэжэгъуэгъу, си бийщ ахэр.

23 Сыгъэунэху, Зиусхьэн, сигу зытет зэгъащӀэ; къызэплъакӀуи, си гупсысэхэр зэгъащӀэ.

24 Гъуэгу шынагъуэ сытетмэ, къеплъи, мыкӀуэдыжын гъуэгу сытегъэхьэ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:



ကြော်ငြာတွေ