Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -

Уэрэд 126 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


126-нэ Уэрэд Зиусхьэным унэр имыщӀмэ
УдэкӀуеиным и уэрэд. Сэлмэн и уэрэд

1 Зиусхьэным унэр имыщӀмэ, ар зыщӀхэм пщӀэншэу Ӏуэху ящӀэ; Зиусхьэным къимыхъумэмэ къалэр, къэрэгъулыр сакъыу зэрымыжейр пщӀэншэщ.

2 Жьыуэ фыкъызэрытэджри, кӀасэу фызэрыгъуэлъыжри, гузэвэгъуэкӀэ щӀакхъуэ зэрыфшхри – пщӀэншэщ. Зиусхьэным Езым фӀыуэ илъагъухэм щыжейкӀэ зыхуэныкъуэр яретыж.

3 Мыращ Зиусхьэным и тыгъэр – сабийхэрщ; Абы и фӀыщӀэ тыныр – ныбэм къикӀ сабийр арщ.

4 ГуащӀэшхуэм иӀыгъ шабзэшэм хуэдэщ уи щӀалэгъум къыпхуэхъуа уи къуэхэр.

5 Зи шабзалъэр абыхэмкӀэ зыгъэнщӀа цӀыхур насыпыфӀэщ. Къалэ куэбжэм Ӏут и бийхэм епсалъэ щыхъукӀэ, и нэхэр упӀэрэпӀэнкъым.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:



ကြော်ငြာတွေ