Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -

Уэрэд 122 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


122-нэ Уэрэд ГущӀэгъум папщӀэ Уэрэд
УдэкӀуеиным и уэрэд

1 Уэ, уафэм щыпсэу, си нэплъэгъуэр нызогъазэ уи деж.

2 УнэӀутхэм я нэплъэгъуэр я зиусхьэнхэм я Ӏэм зэрыхуэгъэзам хуэдэу, унэӀут бзылъхугъэр и гуащэм и Ӏэм зэреплъым хуэдэу, дэ ди нэхэр Зиусхьэну ди Тхьэм хуэгъэзащ, Абы гущӀэгъу къытхуищӀыху къэс.

3 ГущӀэгъу къытхуэщӀ, Зиусхьэн, уи гущӀэгъум дыхыумын, сыту жыпӀэмэ ирикъункӀэ Ӏумпэм дапщӀащ дэ.

4 Езыр-езыру зыхуэарэзыхэр къызэрытщыдыхьэшхым, пагэхэм нэмыплъ къызэрыдатым ирикъункӀэ драгъэшащ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:



ကြော်ငြာတွေ