Маттэ 20 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр20-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ ЖызумгъэкӀхэм ятеухуа ущие хъыбарыр 1 – Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр мыращ. Жызум хадэ зиӀэ гуэрым и жызум хадэм щигъэлэжьэн лэжьакӀуэхэр къилъыхъуэну пщэдджыжьым жьыуэ дэкӀащ. 2 ЛэжьакӀуэхэр къыщигъуэтым, епсалъэщ, махуэм динар зырыз яритыну зэгурыӀуэри, и жызум хадэм игъэкӀуащ игъэлэжьэну. 3 – Жызым хадэр зейр пщэдджыжьым сыхьэтыр бгъум дэкӀри, нэгъуэщӀ лӀы Ӏуэхуншэхэр бэзэрым тету ирихьэлӀащ. 4 ЩрихьэлӀэм, мыпхуэдэу яжриӀащ: «Фэри си жызум хадэм фыкӀуи, къэвлэжьыр фэстынущ». Ахэри кӀуащ жызум хадэм. 5 – Жызум хадэр зейр шэджагъуэм дежи, сыхьэтыр щым дежи, аргуэру дэкӀри, нэгъуэщӀ Ӏуэхуншэ гуэрхэри хадэм игъэкӀуащ. 6 ИкӀэм-икӀэжым, сыхьэтыр тхум деж аргуэру дэкӀри, нэгъуэщӀхэри къыщрихьэлӀэм, абыхэми яжриӀащ: «Махуэ псом зыри фымыщӀэу мыбдежым щхьэ фыщызэхэт?» 7 – «Ӏуэху дэзыгъэлэжьын дгъуэтакъым», къыжраӀащ абыхэм. – «Фэри фыкӀуи, си жызум хадэм фыщылажьэ. Къэвлэжьыр фэстынщ», яжриӀащ абы. 8 – Пщыхьэщхьэр къыщысым, жызум хадэр зейм лэжьакӀуэхэм я унафэщӀым жриӀащ: «ЛэжьакӀуэхэм къеджи, я ужькӀэ къэкӀуахэм щыщӀэдзауэ япэу къэкӀуахэм нэсыху, я махуэ лэжьапщӀэр ет». 9 – Сыхьэтыр тхум Ӏуэхур зыублахэр къыщыкӀуэм, лэжьакӀуэхэм я унафэщӀым абыхэм динар зырыз яритащ. 10 Ӏуэхур япэу зыублахэр къыщыкӀуэм, нэхъыбэ къратын ягугъащ, ауэ абыхэми динар зырызщ яритар. 11 Ахъшэр Ӏахри, жызум хадэр зейм едауэу щӀадзащ. 12 «Дэ махуэ псом хуабэвэхым дыхэту, гугъу дехьу дылэжьа пэтми, ди ужькӀэ къэкӀуауэ зы сыхьэт нэхъ мылэжьахэм дахуэбгъэдащ», жаӀащ. 13 – Жызум хадэр зейм абыхэм ящыщ зым жриӀащ: «Си ныбжьэгъу, мыхъун уэсщӀэркъым. Зы динаркъэ дызэрызэгурыӀуар? 14 Уи лэжьапщӀэр щтэи, кӀуэж. ИужькӀэ къэкӀуами уэ уэстам хуэдиз естыну сыхуейщ. 15 Си ахъшэм сэ сызыхуейр есщӀэну сыхуитыжкъэ? Хьэмэ уэ уфыгъуэрэ сэ сызэрыхьэлэлым щхьэкӀэ?» 16 (ИтӀанэ Хьисэ щӀигъужащ:) – Апхуэдэу я ужь итхэр япэ ищынущ, япэ итхэри я ужь къинэнущ; къеблэгъахэр куэдщ, ауэ хэплъыхьауэ яхэтыр мащӀэщ. ЗэраукӀынури лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжынури Хьисэ ещанэу къызэрыжиӀар ( Марк 10:32-34 ; Лука 18:31-34 ) 17 Хьисэ ЕрусалимкӀэ дэкӀуейуэ гъуэгу здытетым, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр я закъуэу лъэныкъуэкӀэ Ӏуишри, яжриӀащ: 18 – Мис иджы дэ ЕрусалимкӀэ дыдокӀуей. ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр* дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ ерагъэубыдынущ. Абыхэм укӀ къытралъхьэнущ, 19 икӀи къыщыдыхьэшхынурэ щӀопщкӀэ къеуэнущ, жорым ираӀулӀынурэ ар хамэ лъэпкъхэм ӀэщӀалъхьэнущ; ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжынущ ещанэ махуэм. Зеведей и къуэхэм я анэр Хьисэ зэрелъэӀуа Ӏуэхугъуэр ( Марк 10:35-45 ) 20 Зеведей и къуэхэм я анэр, и къуэхэр и гъусэу, Хьисэ къыбгъэдыхьэри, и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу къитӀысхьащ, зыгуэркӀэ къелъэӀуну хуейти. 21 – Сыт уэ узыхуейр? – еупщӀащ Хьисэ цӀыхубзым. – Уи тепщэныгъэшхуэр къыщыскӀэ, мы си къуитӀым зыр уи ижьырабгъумкӀэ, адрейр уи сэмэгурабгъумкӀэ тӀысыну хуит щӀы, – къыжриӀащ цӀыхубзым. 22 – Фэ фызыщӀэлъэӀур фщӀэркъым, – жиӀащ Хьисэ. – Сэ сызэфэну гугъуехь фалъэм итым фэ фефэн флъэкӀыну, е цӀыхухэм гугъуехькӀэ сызэраумэхъынум хуэдэу, фэ абыхэм зевгъэумэхъын флъэкӀыну? – ТлъэкӀынщ, – къыжраӀащ абыхэм. 23 – Сэ сызэфэну гугъуехь фалъэм итым фэри фефэнущ, – яжриӀащ Хьисэ. – ЦӀыхухэм сэ гугъуехькӀэ сызэраумэхъынум хуэдэу, фэри фаумэхъынущ. Ауэ си ижьырабгъумкӀэ е си сэмэгурабгъумкӀэ фыкъэтӀысыну хуит фысщӀын слъэкӀынукъым. А тӀысыпӀэхэр си Адэм зыхуигъэхьэзыра цӀыхухэм яйщ. 24 Адрей цӀыхуипщӀу Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ар щызэхахым, а зэшитӀым яхуэгубжьащ. 25 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр къриджащ: – Фэ фощӀэ, – яжриӀащ Хьисэ, – мы дунейм тет тепщэхэр цӀыхухэм я пщэм зэрыдэсыр, пашэхэми цӀыхухэм тепщэныгъэ зэрыхуаӀэри фощӀэ. 26 Ауэ апхуэдэ зэхущытыкӀэкъым фяку дэлъын хуейр фэ. Фэ фщыщ ин хъуну хуеймэ, ар ӀуэхутхьэбзащӀэ къыфхурехъу. 27 Фэ фщыщ япэ итыну хуеймэ, ар пщылӀ къыфхурехъу. 28 ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщӀэкӀуар цӀыхухэм я сэбэп зригъэкӀын щхьэкӀэкъым, атӀэ езым и сэбэп цӀыхухэм яригъэкӀын икӀи цӀыху куэдым щхьэкӀэ и псэр щхьэщэхужу итын папщӀэщ. Хьисэ лӀы нэфитӀ зэригъэхъужар ( Марк 10:46-52 ; Лука 18:35-42 ) 29 Хьисэрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Ерихон къалэм къыщыдэкӀыжым, Хьисэ и ужь цӀыху гупышхуэ къиуващ. 30 ЛӀы нэфитӀ гъуэгу напщӀэм тест. Хьисэ зэрыблэкӀыр щызэхахым, макъышхуэкӀэ къаджэу щӀадзащ абыхэм: – Зиусхьэну Даут и Къуэ, гущӀэгъу къытхуэщӀ! 31 ЦӀыху гупышхуэм ямыдэу, «Шывгъэт!» жраӀащ, арщхьэкӀэ лӀы нэфитӀыр нэхъ макъышхуэкӀэ къэджащ аргуэру: – Зиусхьэну Даут и Къуэ, гущӀэгъу къытхуэщӀ! 32 Хьисэ къэувыӀэщ, ахэр къриджэри, яжриӀащ: – Сыт фхуэсщӀэну фызыхуейр? 33 – Зиусхьэн, ди нитӀыр къытхуэбгъэплъэжынырщ дызы-хуейр, – къыжраӀащ абыхэм. 34 ГущӀэгъу яхуищӀри, Хьисэ абыхэм я нэхэм еӀусащ. Абыхэм я нэхэр къэплъэжащ асыхьэтым икӀи Хьисэ и ужь иуващ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden