Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -


ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Колоссэ къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


2-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ

1 Фэр щхьэкӀи, Лаодикие къалэм дэсу фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм щхьэкӀи, си напэр зымылъэгъуа псом щхьэкӀи хуабжьу сызэрылажьэр фэзгъэщӀэну сыхуейщ.

2 Хуабжьу сыщӀэлажьэр а цӀыхухэр згъэгушхуэн, фӀылъагъуныгъэкӀэ зэнэзэпсэ сщӀын щхьэкӀэщ. Апхуэдэу Тхьэм и щэхуу Мэссихьыр къащӀэн щхьэкӀэ, уасэшхуэ зиӀэ зэхэщӀыкӀ нэсауэ яӀэ хъунущ.

3 Уасэшхуэ зиӀэ акъылыфӀагъэ псори щӀэныгъэшхуэ псори Мэссихь хэлъщ.

4 Ар щӀыжысӀэр гъэпцӀагъэ зыхэлъ псалъэхэмкӀэ зыми фыдимыхьэхын щхьэкӀэщ.

5 Сэ сипкъкӀэ фи деж сыщымыӀэми, сигурэ си псэкӀэ фи деж сыщыӀэщ. ГъэпсыкӀэфӀу фиӀэри МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэу фиӀэм и быдагъэри щыслъагъукӀэ согуфӀэ.


Мэссихь гъащӀэ нэгъэса диӀэ зэрищӀыр

6 Мэссихь Хьисэ Зиусхьэну фщтащи, ар фи псэм щыщурэ фыпсэу.

7 Фэ фи лъабжьэхэр Мэссихь тефщӀыхь, фи гъащӀэри абы тевгъэт. ЗэрывэдгъэщӀам хуэдэу, абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ быдэ фиӀэурэ, щӀыхь хуэфщӀ зэпымыууэ.

8 Фысакъ, мы дунейм и философие нэпцӀымкӀэ, цӀыхухэр щызыгъауэмкӀэ зыми зыдевмыгъэшэх. Апхуэдэ философие къызыхэкӀыр Мэссихькъым, атӀэ ди адэжьхэм къащӀэна хабзэмрэ мы дунейм теухуауэ цӀыхухэм яхэлъ гурыӀуэныгъэу нэпцӀымрэщ.

9 Тхьэм и щытыкӀэ псори Мэссихь и пкъым хэлъщ.

10 Мэссихь фи псэм зэрыщыщымкӀэ абы и гъащӀэ нэгъэсауэ фхэлъщ. Ар Ӏэтащхьэ псоми тепщэныгъэ зиӀэ псоми я щхьэщ.

11 Ар фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ сунэт фащӀам фыхуэдэщ. ЦӀыхухэм ӀэкӀэ ящӀа сунэткъым ар, атӀэ къызыпкърыкӀар Мэссихьщ. Ар къыщыхъуар Мэссихь фи гуэныхьыщӀэ щэныжьыр щызыхывигъэна махуэрщ.

12 Фыщаумэхъым, Мэссихь фригъусэу фыщӀалъхьэжащ. Фыщаумэхъым деж Хьисэ лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжа Тхьэм и лъэкӀыныгъэкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ зэрыхъуам щхьэкӀэ Тхьэм Мэссихь фригъусэу лӀахэм факъыхигъэтэджыкӀыжащ.

13 Гуэныхь зэрыфщӀам икӀи фигукӀэ сунэт фызэрамыщӀам щхьэкӀэ лӀахэм фахуэдэу фыщытащ, ауэ Тхьэм Мэссихь фригъусэу фыкъигъэпсэужащ. Ди гуэныхь псори къытхуигъэгъуащ абы.

14 Унафэхэри дэщӀыгъуу, ди щӀыхуэхэр зэрыт тхылъым и лъэкӀыныгъэр Тхьэм игъэкӀуэдащ. А тхылъыр къытпэуващ, ауэ Тхьэм ар Мэссихь и жорым ириӀулӀри, лъэныкъуэ иригъэзащ.

15 Мэссихь жорым щыкӀэрылӀыхьам, жин бзаджэ Ӏэтащхьэхэмрэ тепщэныгъэ зиӀэ жин бзаджэхэмрэ я лъэкӀыныгъэхэр яӀихыжащ. Абыхэм зэратекӀуар ӀупщӀу къигъэлъагъуэурэ, я напэхэр трихащ.

16 Аращи, фшхымрэ фызэфэмрэ теухуауэ, махуэшхуэ махуэр, мазэщӀэ махуэшхуэр, зыщыдгъэпсэху махуэр ягъэлъэпӀэнымкӀэ хьэкум къыфтрищӀыхьыну зыри хуит фымыщӀ.

17 Мы Ӏуэху псори къэкӀуэну щыта Ӏуэхухэм я ныбжь къудейщ, ауэ а ныбжьыр зейр Мэссихьщ.

18 Егъэлеяуэ зывгъэцӀыкӀун хуейуэ, мелыӀычхэри вгъэлъэпӀэн хуейуэ нывжезыӀэм зыдевмыгъэшэх. Апхуэдэ цӀыхум, Тхьэм абы къригъэлъэгъуауэ жыхуиӀэ Ӏуэхухэм зэпымыууэ тепсэлъыхьурэ, мы дунейм тет цӀыхухэм я гупсысэкӀэ зэриӀэм щхьэкӀэ пщӀэншэу зыкъыфӀощӀыж.

19 Апхуэдэ цӀыхур щхьэуэ щыт Мэссихьым гъусэ хуэхъуркъым. Щхьэр арщ пкъыр зэзыпхыу, къупщхьэ зэрытыпӀэхэмкӀи хуэхэмкӀи пкъы псоми къару езыгъэгъуэту, ар зэщӀэзубыдэр. Апхуэдэу, Тхьэр зэрыхуейм тету пкъым зеужь.

20 Мэссихь и гъусэу лӀам фыхуэдэщ, фэ цӀыхухэм мы дунейм теухуауэ яӀэ гурыӀуэныгъэхэм тепщэныгъэ къыфхуаӀэжкъым. АтӀэ Ӏуэхур абы тетмэ, мы дунейм и цӀыхухэм фазэрыщыщым хуэдэу фыпсэуурэ, мыпхуэдэ унафэхэм сыт фыщӀедаӀуэр:

21 «Мы шхыныр къыумыщтэ!» «Мыр умышх!» «Мыбы уемыӀусэ!»?

22 Апхуэдэ унафэхэр зытеухуар цӀыхухэм къазэрыӀэщӀыхьэу кӀуэдыж шхынырщ. ЦӀыхухэм къагупсысауэ, а унафэхэр нэгъуэщӀ цӀыхухэм ирагъащӀэ.

23 Гугъуехь яшэчурэ, Тхьэр ягъэлъэпӀэну, егъэлеяуэ загъэцӀыкӀуну, япкъхэми гугъуехь ирагъэшэчыну а унафэхэм цӀыхухэр зэрыхагъэзыхьым щхьэкӀэ, губзыгъагъэу къыпщыхъуми, пщӀэ яӀэкъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухэм я гур зыщӀэхъуэпс Ӏуэху мыхъумыщӀэхэм япэувынымкӀэ дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъун ялъэкӀыркъым.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:



ကြော်ငြာတွေ