Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -

Апостол. 4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


4-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Тхьэмадэ Хасэшхуэм и пащхьэм журт пашэхэм Петррэ Иуанрэ зэрырашар

1 Петррэ Иуанрэ цӀыхухэм здепсалъэм, дин пашэхэри, Тхьэм и унэшхуэм и хъумакӀуэхэм я пашэхэри, саддукейхэри хуабжьу губжьауэ а тӀум къабгъэдыхьащ,

2 Петррэ Иуанрэ цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр ирагъащӀэурэ, Хьисэ лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжам хуэдэу, лӀахэр къызэрытэджыжынур хуаӀуатэрти.

3 Абыхэм Петррэ Иуанрэ яубыдри, пщыхьэщхьэ хъуати, етӀуанэ махуэм нэсыху лъэхъуэщым щӀадзащ.

4 Петррэ Иуанрэ хъыбару яӀуатэр зэхэзыхахэм ящыщ куэдым ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ. Абыхэм я бжыгъэр цӀыху минитху хуэдиз хъуащ.

5 Журт пашэхэри, нэхъыжьхэри, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри етӀуанэ махуэт Ерусалим щызэӀущӀащ.

6 Дин пашэшхуэ Аннэ* зи цӀэр абы щыӀэт, абы нэмыщӀкӀэ Кайафэ, Иуан, Александр, дин пашэшхуэм и унагъуэм щыщу нэгъуэщӀ лӀыхэри абы щӀэст.

7 Абыхэм Петррэ Иуанрэ утыкум кърашэри, ахэр къеупщӀащ: – Сыт хуэдэ къарукӀэ, е хэт и цӀэкӀэ а лӀыр зэрывгъэхъужар?

8 Ар щыжаӀэм, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр Петр и гум хуабжьу хыхьэри, яжриӀащ: – Ди лъэпкъ пашэхэ, ди нэхъыжьхэ!

9 Зи лъэр къыщӀэмыувэ лӀым фӀыуэ хуэтщӀам фыхэплъэурэ, «Ар дауэ хъужынкӀэ хъуа?» жыфӀэу нобэ фыкъыщыдэупщӀкӀэ,

10 фэри Израил лъэпкъми зэрыщыту мыр зэвгъащӀэ: Назарет щыщ Хьисэ Мэссихь и цӀэм и къарурщ мы цӀыхур зыгъэхъужар, абы и фӀыгъэкӀэщ ар фи пащхьэ зэритыр. Хьисэ фэ жорым ефӀулӀащ, ауэ Тхьэм ар лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ.

11 Аращ «ухуакӀуэхэм зрамыпэсу хыфӀадзэжа мывэу унэр зэтезыӀыгъ мывэ лъабжьэ хъуар».

12 – ЦӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлыр Хьисэ и закъуэщ. Абы и цӀэм нэмыщӀ, дымыкӀуэду дыкъезыгъэлыфын Тхьэм уафэм и щӀагъым щӀэт цӀыхухэм иритауэ зыри щыӀэкъым.

13 Журт пашэхэм Петррэ Иуанрэ яӀэ гукъыдэжыр щалъагъум, ахэр щӀэныгъэ зимыӀэ цӀыху къызэрыгуэкӀыу зэрыщытми гу щылъатэм, ягъэщӀэгъуащ, Хьисэ зэригъусари къащӀащ.

14 ЛӀы ягъэхъужар абыхэм я гъусэу абдеж щыту ялъэгъуа щхьэкӀэ, жраӀэну зыри къахуэгъуэтакъым.

15 Апхуэдэу щыхъум, СинедрионкӀэ зэджэ хасэ пэшым щӀагъэкӀри, езыхэм зэчэнджэщыжу щӀадзащ.

16 Зэчэнджэщыжурэ, мыпхуэдэу жаӀащ: – Мы лӀитӀым сыт етщӀэнур? Ерусалим дэс цӀыху псоми ящӀэ абыхэм Ӏуэху телъыджэхэр зэралэжьар. Дэ ар тхущӀэхъумэнукъым.

17 Ауэ къэхъуам и хъыбарыр нэхъ куэдым яхэмыӀуэн щхьэкӀэ, «Хьисэ и цӀэкӀэ зыгуэрым фепсалъэмэ, фэдгъэпшыныжынущ», жытӀэу, мы лӀыхэр дгъэшынэн хуейщ.

18 Петррэ Иуанрэ хасэ унэм къыщӀашэжри, Хьисэ и цӀэкӀэ зыри жамыӀэжыну икӀи цӀыхухэм ирамыгъэщӀэну быдэу жраӀащ.

19 АрщхьэкӀэ Петррэ Иуанрэ абыхэм жраӀащ: – Тхьэм демыдаӀуэу, фэ дывэдэӀуэныр Тхьэм дежкӀэ хъунрэ мыхъунрэ фэр-фэрурэ фегупсыс.

20 Дэ Ӏуэхуу тлъэгъуамрэ зэхэтхамрэ дымыӀуэтэжу хъунукъым.

21 Журт пашэхэм аргуэру «ФыкъыдэмыдаӀуэмэ, фэдгъэпшыныжынущ» кӀийуэ къыжраӀэри, къаутӀыпщыжащ. Абыхэм гугъуехь щӀрагъэшэчын щхьэусыгъуэ ягъуэтакъым, а къэхъуам щхьэкӀэ цӀыху псоми Тхьэм щӀыхь хуащӀу щӀадзакӀэти.

22 Мы нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэмкӀэ апостолхэм ягъэхъужа лӀым и ныбжьыр илъэс плӀыщӀым щӀигъуат.


ФӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр Тхьэм зэрелъэӀуар

23 Петррэ Иуанрэ къыщаутӀыпщыжым, я гъусэхэм деж ягъэзэжри, дин пашэшхуэхэмрэ нэхъыжьхэмрэ къыжраӀар яӀуэтэжащ.

24 Ар щызэхахым, ахэр макъышхуэкӀэ зэдежьууэ Тхьэм елъэӀуащ: – Зиусхьэн, уафэри, щӀылъэри, хыри, абыхэм щыӀэ псори къэзыгъэщӀар уэращ.

25 Ди адэшхуэу Даут и жьэкӀэ уэ укъыдэпсэлъат. Ар уэ уи ӀурыщӀэ щытащ, уи Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀи мы псалъэхэр абы жебгъэӀащ: «Хамэ лъэпкъхэр сыт щӀэгубжьыр? ЦӀыхухэми пщӀэ зимыӀэ мурадхэр сыт щӀаӀэр?

26 Дунейм и пащтыхьхэм зыкъаӀэтащ, пашэхэри зэхуэсри, Зиусхьэну Тхьэмрэ езым и Мэссихьу дагъэ зыщыхуамрэ япэувынхэу зэгурыӀуащ».

27 – А псалъэхэр пэжщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Ирод пщымрэ Ӏэтащхьэу Понтий Пилатрэ мы къалэм щызэхуэсащ, хамэ лъэпкъхэри израил цӀыхухэри я гъусэу, уэ уи Къуэ лъапӀэ Хьисэу дагъэ зыщыпхуам пэувыну.

28 Уэ уи лъэкӀыныгъэшхуэкӀи уи гухэлъкӀи къэхъун хуея, уэ ипэкӀэ бгъэува Ӏуэхухэр абыхэм ягъэзэщӀащ.

29 Иджы, Зиусхьэн, «ФыкъыдэмыдаӀуэу щытмэ, фэдгъэпшыныжынущ», жаӀэурэ абыхэм зэрыжаӀэм еплъ, уэ уи псалъэхэр цӀыхухэм дытегушхуауэ хуэтӀуэтэну дэ, уи ӀурыщӀэхэм, къару къыдэт.

30 Аращи, уэ уи Къуэ лъапӀэ Хьисэ и цӀэкӀэ сымаджэхэр бгъэхъужыну, нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр къэбгъэлъэгъуэну икӀи Ӏуэху телъыджэхэр блэжьыну уи Ӏэр къытхуэший!

31 Тхьэм елъэӀуа нэужь, ахэр щызэхуэса щӀыпӀэм щӀыр щыхъеящ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр псоми я гум хуабжьу хыхьауэ, гушхуэныгъэшхуэ яхэлъу, Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм хуаӀуатэрт абыхэм.


ФӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я мылъкур я зэхуэдэу зэрыщытар

32 ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псори ягурэ я псэкӀэ зыт. Зыми и мылъкум теухуауэ «Мыр сысейщ» жиӀэртэкъым, атӀэ яӀэ псори я зэхуэдэт.

33 Хьисэ лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжам къарушхуэкӀэ щыхьэт техъуэрт апостолхэр икӀи Тхьэм и нэфӀыр а псоми ину къащыхуэрт.

34 Абыхэм зыгуэр хуэныкъуэ цӀыху зыри яхэттэкъым; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щӀыгу е унэ зиӀэ псоми ахэр ящэжурэ, ахъшэу къыщӀэкӀар къахьурэ,

35 апостолхэм я пащхьэм къралъхьэрт. Ахъшэм щыщ апостолхэм щхьэж зэрыхуэныкъуэ елъытауэ цӀыхухэм хуагуэшырт.

36 Кипр хытӀыгум щыпсэу Левий унагъуэ лъэпкъым щыщ лӀы гуэр щыӀащ. А лӀым и цӀэр Иосийт. Апостолхэр абы ВарнавэкӀэ еджэрт (Варнавэм къикӀыр «ЦӀыхухэр Зыгъэгушхуэ» жиӀэу аращ.)

37 Абы иӀа щӀыгур ищэщ, ахъшэр къихьри, апостолхэм я пащхьэм кърилъхьащ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:



ကြော်ငြာတွေ