Апостол. 3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр3-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Зи лъэр къыщӀэмыувэ лӀыр Петррэ Иуанрэ Тхьэм и унэшхуэм и куэбжэм деж зэрыщагъэхъужар 1 Махуэ гуэрым шэджагъуэ нэужь хъуауэ, цӀыхухэр Тхьэм щелъэӀу сыхьэтищым деж Петррэ Иуанрэ Тхьэм и унэшхуэм кӀуащ. 2 Къызэралъху лъандэрэ зи лъэр къыщӀэмыувэ лӀы гуэр Тхьэм и унэшхуэм и куэбжэхэм ящыщу «Куэбжэ дахэ» жыхуаӀэм деж къыӀуахьащ. Ар махуэ къэс къахьырти, Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэхэм факъырэ Ӏус щелъэӀуу а куэбжэм деж щагъэтӀысырт. 3 Петррэ Иуанрэ Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэу щилъагъум, а лӀыр лъэӀуащ: – Псапэ тыхь къызэфт, – жиӀэри. 4 Петррэ Иуанрэ я нэхэр а лӀым траубыдэри, Петр жиӀащ: – Моуэ зэ къыдэплъ! 5 Зыгуэр къратынкӀэ ящыгугъыу, лӀыр абыхэм яхудэплъеящ. 6 – Сэ дыжьыни дыщи сиӀэкъым, – жиӀащ Петр, – ауэ сиӀэр узот: Назарет щыщ Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ унафэ пхузощӀ, къэтэджи, зекӀуэ! 7 Петр а лӀым и Ӏэ ижьыр иубыдри къызэфӀигъэуващ. ЛӀым и лъакъуэхэми къупщхьэ зэрытыпӀэхэми къару къахыхьэжащ а напӀэзыпӀэм. 8 Къыщылъэтщ, ежьэри, къызекӀуэу щӀидзащ абы. Петррэ Иуанрэ я гъусэу Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэри, къызекӀуэурэ, дэпкӀейурэ, Тхьэм щӀыхь хуищӀащ итӀанэ. 9 Тхьэм щӀыхь хуищӀурэ абы зэрызекӀуэр цӀыху псоми щалъагъум, 10 Тхьэм и унэшхуэм и «Куэбжэ ДахэкӀэ» зэджэм деж факъырэ Ӏус къыхихыу щысар зэрыарар къацӀыхужащ икӀи а лӀыр зэрыхъужар ягъэщӀэгъуащ яфӀэтелъыджащэу. ЦӀыхубэм я пащхьэм Петр къызэрыщыпсэлъар 11 Зи лъэ къыщӀэувэжа лӀыр Петррэ Иуанрэ я ужь имыкӀыу здэкӀуэм, цӀыху псоми хуабжьу ягъэщӀагъуэурэ, Сэлмэн пащтыхьым и цӀэр зезыхьэ, щхьэ зытелъ сэххэр зиӀэ пщӀантӀэм деж жэхэри, абыхэм я деж цӀыхухэр щызэхуэсащ. 12 Ар щилъагъум, Петр цӀыхухэм яжриӀащ: – Израил цӀыхухэ, сыт ар щӀэвгъэщӀагъуэр? Сыт апхуэдизу дэ фыкъыщӀыдэплъыр? Дэр-дэру къаруушхуэ диӀэу, е Тхьэр ину зэрыдгъэлъапӀэм щхьэкӀэ, мы лӀым и лъэр къыщӀэдгъэувэжауэ фи гугъэ? 13 Мы лӀым къехъулӀамкӀэ Ибрэхьими, Исхьэкъи, Екъуби я Тхьэуэ ди адэшхуэхэм я Тхьэм и Къуэ Хьисэ и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм я пащхьэм къыщигъэлъэгъуащ. Ар фэ тепщэныгъэ зиӀэхэм евгъэубыдащ. Пилат Ӏэтащхьэм ар къиутӀыпщыжыну и гугъарэ пэт, фэ абы и пащхьэм Хьисэ щызэфпэсакъым. 14 ЦӀыху ЛъапӀэр икӀи Захуэр зэфпэсакъым, абы и пӀэкӀэ лӀыукӀ гуэр къыфхуиутӀыпщыжыну Пилат Ӏэтащхьэм фелъэӀуащ. 15 ГъащӀэ пэжыр цӀыхухэм езытыр фыукӀащ, ауэ Тхьэм ар лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ. Дэ а Ӏуэхум дрищыхьэтщ. 16 Мы лӀы флъагъум икӀи фцӀыхум Хьисэ и цӀэм дзыхь зэрыхуищӀам щхьэкӀэ къару иӀэ хъужащ. Хьисэ и цӀэмрэ абы и деж къикӀ фӀэщхъуныгъэмрэщ мы лӀыр фэ псоми фи пащхьэм щызыгъэхъужар. 17 – Абы нэмыщӀу, си къуэшхэ, фэри фи тхьэмадэхэми Хьисэ ефщӀар фи гунэфыгъэкӀэ зэрыфщӀар сощӀэ сэ. 18 Тхьэм бегъымбар псоми я гум кърилъхьэри, къажригъэӀащ езым и Мэссихь гугъуехь куэд ишэчын хуейуэ зэрыщытыр, Тхьэм зэриухам хуэдэуи хъуащ. 19 Аращи, Тхьэм фэ гуэныхьу фщӀахэр къыфхуигъэгъун щхьэкӀэ, абыхэм фахущӀегъуэжи, Тхьэм и гъуэгу фытехьэ. 20 Фигухэм зыщагъэпсэхужын зэманхэр Зиусхьэным деж къикӀынущ итӀанэ икӀи Тхьэм Мэссихьу къыфхуигъэува Хьисэр къигъэкӀуэжынущ. 21 Тхьэм псори тэмэму зэтригъэувэху, Мэссихь уафэм щыӀэн хуейщ, Тхьэм и бегъымбар лъапӀэхэм я гум кърилъхьэу къазэрыжригъэӀам тету. 22 Псалъэм щхьэкӀэ, Мусэ бегъымбарым жиӀащ: «Зиусхьэну фи Тхьэм фи къуэшхэм ящыщу сэ схуэдэ бегъымбар гуэр къигъэкӀуэнущ. Абы къывжиӀэ псоми федэӀуэн хуейщ. 23 А бегъымбарым жиӀэм емыдаӀуэр лъэпкъым хэкӀуэдыкӀынущ». 24 – Адрей бегъымбар псоми, Самуел бегъымбарым деж къыщыщӀэдзауэ, абы къыкӀэлъыкӀуахэри яхэту, Тхьэм и псалъэхэр зи гум кърилъхьэу зыжригъэӀа бегъымбар псоми мы махуэхэм я гугъу ящӀат. 25 Бегъымбархэм я жьэкӀэ Тхьэм цӀыхухэр къызэригъэгугъа Ӏуэхухэр зыгъуэтыр фэращ, Тхьэм езымрэ фи адэшхуэхэмрэ яку дилъхьа зэгурыӀуэныгъэм и ӀыхьэфӀри зыгъуэтыр фэращ, Тхьэм Ибрэхьим бегъымбарым къызэрыжриӀам хуэдэу, «Уэ къыптехъукӀыну цӀыхум и хьэтыркӀэ дунейм тет лъэпкъ псоми си нэфӀ ящызгъэхуэнущ». 26 Тхьэм езым и Къуэр къыщигъэлъагъуэм, лъэпкъхэм ящыщу япэ дыдэу къызыхуигъэкӀуар фэращ, фэ фщыщ дэтхэнэри и гъуэгу мыхъумыщӀэм трыригъэгъэкӀыу и нэфӀ къыщригъэхуэн щхьэкӀэ. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden