Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -

Апостол. 16 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


16-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Тимофей Паулрэ Силэрэ гъусэ зэрахуэхъуар

1 Паул Дервие къалэм, итӀанэ Листрэ къалэм нэсащ иужькӀэ. Тимофей и цӀэу ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ лӀы гуэр абы дэсащ. Абы и анэр фӀэщхъуныгъэ зиӀэ журтт, и адэр алыджт.

2 Листрэрэ Икониерэ дэс къуэшхэм а лӀым пщӀэ хуащӀырт.

3 Паул Тимофей здишэну хуейт. А лъэныкъуэм ис журтхэм щхьэкӀэ Паул зыгуэрым Тимофей сунэт иригъэщӀащ; Тимофей и адэр зэрыалыджыр цӀыху псоми ящӀэрти.

4 Къалэхэр къызэхакӀухьурэ, Ерусалим дэс апостолхэмрэ нэхъыжьхэмрэ ягъэува унафэхэм едэӀуэн щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм а унафэхэр жраӀэрт.

5 Апхуэдэу, члисэ зэхуэсхэм щыщхэм фӀэщхъуныгъэшхуэ яӀэ нэхъ хъуурэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я бжыгъэм махуэ къэси хэхъуэрт.


Троадэ къалэм Тхьэм Паул лӀы гуэр къызэрыщыхуигъэхутар

6 Паулрэ и гъусэхэмрэ, Асие хэкум цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм щрагъэдэӀуэн мурадкӀэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм хуит имыщӀауэ, Фригиемрэ Галатиемрэ я хэкум зэпрыкӀащ.

7 Мисие хэкум щынэсым, Вифиние хэкум ихьэну хэтащ, ауэ Хьисэ и Псэ ЛъапӀэм ахэр хуит ищӀакъым.

8 Мисие хэкум кӀуэцӀрыкӀри, Троадэ къалэм ехащ итӀанэ.

9 Тхьэм Паул зыгуэр къыхуигъэхутащ жэщым: Македоние хэкум щыщ лӀы гуэр къэхутэри къелъэӀуащ: – Македонием къакӀуи, дэӀэпыкъуэгъу къытхуэхъу, – жиӀэри.

10 Тхьэм Паул ар къызэрыхуигъэхутэу, хъыбарыфӀыр а цӀыхухэм хуэтӀуэтэну Тхьэм дыкъызэрыхуриджам дыщыгугъыу, Македоние хэкум дыкӀуэну зыдгъэхьэзыращ.


Лидие зи цӀэ цӀыхубзыр Хьисэ и гъуэгу зэрытехьар

11 Апхуэдэу Троадэ къалэм кхъухькӀэ дыщежьэщ, Самофракие хытӀыгум занщӀэу дыкӀуэри, етӀуанэ махуэм Неапол къалэм дынэсащ.

12 Абы дыдэкӀри, Филиппи къалэм дыкӀуащ итӀанэ. Ар Македоние хэкум хыхьэу а лъэныкъуэм щыӀэ къалэхэм я нэхъ инт. А къалэр зыухуар Рим къэралыгъуэшхуэм и цӀыхухэращ. А къалэм махуэ бжыгъэкӀэ дыщыӀащ.

13 Къалэм щэбэт махуэм дыдэкӀри, псым дыкӀуащ. Абдежым цӀыхухэр Тхьэм щелъэӀу щӀыпӀэ къыщыдгъуэтынщ жытӀэщ, дытӀысри, къызэхуэса цӀыхубзхэм депсэлъащ.

14 ЦӀыхубз гуэр, Лидие и цӀэу, яхэт абыхэм, къэдаӀуэу. Ар Фиатирэ къалэм дэс щэкӀ плъыжь-фӀыцӀафэ лъапӀэ зыщэхэм ящыщт. Тхьэр игъэлъапӀэрт абы. Паул жиӀахэм и фӀэщу едэӀуэну, Тхьэм абы и гур хузэӀуихащ.

15 Ари и унэм исхэри думэхъащ дэ. Арати, а цӀыхубзыр къыдэлъэӀуащ: – ЗиусхьэнымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм сащыщу флъытэмэ, си унэм фынеблагъэ. Ар ди фӀэщ ищӀри, дригъэблэгъащ.


Тепщэныгъэ зиӀэхэм Паулрэ Силэрэ Филиппи къалэм лъэхъуэщым зэрыщыщӀадзар

16 Тхьэм щелъэӀу щӀыпӀэм махуэ гуэрым дыздэкӀуэм, жин бзаджэм иӀыгъыу, тхьэгурымагъуэ унэӀут хъыджэбз гуэр къытӀущӀащ. КъэхъункъэщӀэн Ӏуэхухэр цӀыхухэм яжриӀэурэ, и тепщэхэм ахъшэ куэд къахуилэжьырт абы.

17 А хъыджэбзым, Паулрэ дэрэ ди ужь имыкӀыу, ину псалъэурэ жиӀэрт: – Мы лӀыхэр Тхьэуэ Лъагэм и лӀыкӀуэщ. Тхьэм фымыкӀуэду фыкъызэрыригъэлын гъуэгур абыхэм къывжаӀэ.

18 Махуэ зыбжанэкӀэ апхуэдэу ищӀа нэужь, Паул губжьщ, зыкъригъэзэкӀри, хъыджэбзыр зыӀыгъ жин бзаджэм жриӀащ: – Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ мы хъыджэбзым ухэкӀыну унафэ пхузощӀ. Ар зэрыжиӀэу, жин бзаджэр хъыджэбзым хэкӀыжащ.

19 Зыщыгугъ ахъшэ къэкӀуапӀэр зэрамыӀэжыр хъыджэбзым и тепщэхэм щалъагъум, Паулрэ Силэрэ яубыдри, тепщэныгъэ зиӀэхэм я пащхьэм къалэ утым щралъэфащ.

20 Ӏэтащхьэхэм я пащхьэм щрашэм, абыхэм мыпхуэдэу жаӀащ: – Мы лӀыхэр журтщ. Ди къалэм дэсхэр хуабжьу зэӀащӀэ.

21 Дэ, Рим къэралышхуэм и цӀыхухэм, дымыщӀапхъэ-зедмыхьэпхъэ хабзэхэр цӀыхухэм ирагъащӀэ.

22 ЦӀыхубэр, адрейхэм я гъусэу, Паулрэ Силэрэ тезэрыгуащ. Ӏэтащхьэхэм Паулрэ Силэрэ я щыгъынхэр зэфӀатхъри, щӀопщкӀэ абыхэм еуэну зауэлӀхэм унафэ хуащӀащ.

23 Удын куэд ираха нэужь, ахэр лъэхъуэщым щӀадзащ. Лъэхъуэщым и хъумакӀуэм ахэр сакъыу ихъумэну унафэ хуащӀащ.

24 Апхуэдэ унафэ щыхуащӀым, Паулрэ Силэрэ лъэхъуэщым хэт хьэпсэм иридзэри, я лъакъуэхэр пкъом ирипхащ хъумакӀуэм.

25 Паулрэ Силэрэ Тхьэм елъэӀуурэ, тхьэщӀыхь уэрэдхэр жаӀэу щӀадзащ жэщ ныкъуэм. Лъэхъуэщым щӀэс адрей цӀыхухэри къедаӀуэрт.

26 ЩӀыр напӀэзыпӀэм ин дыдэу хъейри, лъэхъуэщым и лъабжьэр къызэщӀэзджызджащ. А сыхьэт дыдэм лъэхъуэщым и бжэ псори къызэӀукӀащ, лъэхъуэщым щӀэс псоми я гъущӀ Ӏэхъулъэхъухэри къызэрылъэлъащ.

27 Лъэхъуэщым и хъумакӀуэр къэушри, лъэхъуэщым и бжэхэр зэӀухауэ щилъагъум, абы щӀэсахэр щӀэпхъуэжауэ къыфӀэщӀщ, и джатэр кърихри, зиукӀыжыну хуежьащ.

28 Ауэ Паул макъышхуэкӀэ джэри, жиӀащ: – Лей зумыхыж! Дэ псори мыбы дыщӀэсщ!

29 Лъэхъуэщым и хъумакӀуэм зыгуэрым уэздыгъэ нэху къригъэхьащ, лъэхъуэщым щӀэлъадэри, Паулрэ Силэрэ я лъабжьэм кӀэзызу зыщӀидзащ.

30 ИтӀанэ ахэр лъэхъуэщым къыщӀишыжри, жиӀащ: – Зи щӀыхь инхэ, Тхьэм сымыкӀуэду сыкъригъэлын щхьэкӀэ, сыт сщӀэн хуейр?

31 – Зиусхьэн ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зигъэӀи, уэри уи унагъуэри Тхьэм фымыкӀуэду фыкъригъэлынущ, – жаӀащ абыхэм.

32 Апхуэдэу щыхъум, Паулрэ Силэрэ лъэхъуэщым и хъумакӀуэми абы и унэм щӀэс псоми Зиусхьэным и псалъэхэр хуаӀуэтащ.

33 А жэщым, а сыхьэт дыдэм, лъэхъуэщым и хъумакӀуэм Паулрэ Силэрэ унэ гуэрым щӀишэри, я уӀэгъэхэр яхуитхьэщӀыжащ. Абы и ужькӀэ езыми и бын псоми, пӀалъэ къыхамыгъэкӀыу, зрагъэумэхъащ.

34 Лъэхъуэщым и хъумакӀуэм ахэр езым и унэм щӀишэри, игъэшхэну Ӏэнэ къахуищтащ. ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ зэрыхъуам щхьэкӀэ езыри и унагъуэри гуфӀащ.

35 Нэху щыщым, Ӏэтащхьэхэм я ӀуэхутхьэбзащӀэхэр, «Мы лӀыхэр щхьэхуит фщӀыж!» жраӀэну, лъэхъуэщым и хъумакӀуэм деж ягъэкӀуащ.

36 Лъэхъуэщым и хъумакӀуэм а хъыбарыр Паул жриӀэжащ: – Ӏэтащхьэхэм фаутӀыпщыжыну я ӀуэхутхьэбзащӀэхэр къагъэкӀуащ. Аращи, иджы фыщӀэкӀыж. Гъуэгу махуэ!

37 – Рим цӀыхухэм дащыщ пэтми, хьэкум къыттрамыщӀыхьу цӀыхухэм ялъагъуу щӀопщкӀэ къыдэуэри, лъэхъуэщым дыщӀадзащ, – яжриӀащ Паул. – Щэхуу даутӀыпщыжыну ара иджы? Хьэуэ, ар хъунукъым, езыхэр кърекӀуи, дыщӀрешыж!

38 ӀуэхутхьэбзащӀэхэм а псалъэхэр Ӏэтащхьэхэм хуаӀуэтэжащ. Паулрэ Силэрэ рим цӀыхухэм зэращыщыр щызэхахым, шынащ.

39 Ахэр къакӀуэри, къелъэӀуащ, «Губгъэн къэтхуэвмыщӀ», жаӀэри. Лъэхъуэщым къыщӀашыжри, къалэм дэкӀыжыну елъэӀуащ.

40 Паулрэ Силэрэ лъэхъуэщым къыщӀэкӀыжри, Лидие и унэм кӀуащ. Абдежым къуэшхэм щахуэзэри, ахэр ягъэгушхуащ. Къалэм дэкӀыжащ итӀанэ.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:



ကြော်ငြာတွေ