Апокалипсис 4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр4-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Уафэм щыӀэ тахътэр 1 Абы и ужькӀэ сыщыплъэм, уафэм щыӀэ бжэ гуэр зэӀухауэ слъэгъуащ. Бжьамиишхуэм и макъым хуэдэу къызэпсалъэу зэхэсхыгъа макъым жиӀащ: «Мыбы къыдэкӀуей, дяпэкӀэ къэхъун хуей Ӏуэхугъуэхэр уэзгъэлъагъунущ». 2 Абдеж дыдэм Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къысхуехащ, икӀи сыщыплъэм, уафэм тахътэ гуэр щыслъэгъуащ, абы зыгуэр тест. 3 Абы тесым и теплъэр мывэ лъапӀэ хужьу яспискӀэ зэджэмрэ мывэ лъапӀэ плъыжьу сардискӀэ зэджэмрэ я теплъэм хуэдэт. Тахътэм ихъуреягъкӀэ лэгъупыкъу теплъэ зиӀэ мывэ лъапӀэ удзыфэу смарагдкӀэ зэджэм хуэдэр щыӀэт. 4 Тахътэм ихъуреягъкӀэ къеувэкӀауэ нэгъуэщӀ тахътэ тӀощӀрэ плӀырэ щытт. Тхьэмадэ нэхъыжьу цӀыху тӀощӀрэ плӀырэ щыгъын хужьхэр ящыгъыу, дыщэм къыхэщӀыкӀа тажхэр ящхьэрыгъыу слъэгъуащ а тахътэхэм ису. 5 Тахътэм уафэхъуэпскӀхэри къилыдыкӀащ, уафэгъуагъуэ макъышхуэхэри къыпыӀукӀащ. Тахътэм и пащхьэм уэздыгъибл къыщыблэрт – ахэр Тхьэм и псиблыр арщ. 6 А тахътэм и пащхьэм, абджым къыхэщӀыкӀауэ, кристаллым хуэдэу нэхуу икӀи къабзэу, хым хуэдэу зыгуэр щыслъэгъуащ. Утыкум тахътэм ихъуреягъкӀэ къеувэкӀауэ, псэущхьиплӀ итт. Я гупэкӀи я щӀыбкӀи абыхэм нэхэр яхэзт. 7 Япэрей псэущхьэр аслъэным хуэдэт, етӀуанэр шкӀэм хуэдэт, ещанэм и нэгур цӀыхум и нэгум хуэдэт, еплӀанэр бгъэжь лъатэм хуэдэт. 8 ПсэущхьиплӀым ящыщ дэтхэнэ зыми дамих тетт, нэхэр дэнэкӀи яхэзт. Жэщи махуи зэпымыууэ, мыпхуэдэу жаӀэ: «ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Зиусхьэн Тхьэуэ, щыӀауэ, щыӀэу, икӀи игъащӀэкӀэ щыӀэнур, лъапӀэу, лъапӀэу, лъапӀэу щытщ». 9 ЩӀыхьышхуэри, лъытэныгъэшхуэри, фӀыщӀэшхуэри тахътэм тесу, сыт щыгъуи щыӀэнум псэущхьэхэм 10 хуащӀыху къэс, тахътэм тесу сыт щыгъуи щыӀэнум и пащхьэм зыщрадзыхыурэ тхьэмадэ нэхъыжьу цӀыху тӀощӀрэ плӀым ар ягъэлъапӀэ. Я тажхэр тахътэм и пащхьэм щагъэтӀылъурэ, мыпхуэдэу жаӀэ: 11 «Уэ, ди Зиусхьэн, щӀыхьышхуэри, лъытэныгъэшхуэри, лъэкӀыныгъэшхуэри зыхуэфащэр уэращ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ псори къэзыгъэщӀар уэращ, уэ уфӀэигъуэти, ахэр къэхъури, гъащӀэ яӀэ хъуащ». |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden