Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -

Апокалипсис 19 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


19-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ

1 Уафэм къиӀукӀ гупышхуэм я макъышхуэм хуэдэ макъышхуэм жиӀэу зэхэсхащ абы и ужькӀэ: «Аллилуя! Тхьэращ дымыкӀуэду дыкъезыгъэлыр. ЩӀыхьышхуэри лъэкӀыныгъэшхуэри абы ейщ.

2 ЦӀыхухэм я хьэкумыр зэратрищӀыхьыр пэжщ икӀи захуэщ. Зинэ щӀэнымкӀэ дунейр зыгъэкӀуэду щыта псэжьышхуэр абы игъэкъуэншащ. Езым хуэлажьэ цӀыхухэм я лъыуэ а псэжьышхуэм игъэжар Тхьэм иригъэпшыныжащ».

3 Аргуэру а гупышхуэр къэджащ: «Аллилуя! А къалэшхуэр зыс мафӀэм и Ӏугъуэр игъащӀэкӀэ пихуурэ уафэм дэкӀуеинущ».

4 Тхьэмадэ нэхъыжьу тӀощӀрэ плӀымрэ псэущхьиплӀымрэ щӀым зрадзыхри, тахътэм тес Тхьэр ягъэлъапӀэурэ жаӀащ итӀанэ: «Ӏэмин, аллилуя!»

5 Тахътэм къиӀукӀа макъ гуэрым къыжиӀащ абдежым: «Тхьэм хуэлажьэ цӀыху псоми, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум илъхэми, цӀыкӀуми инми, Тхьэм щӀыхьышхуэ хуэфщӀ!»

6 ЦӀыху гупышхуэм я макъышхуэми, псыдзэ куэдым я макъышхуэми, уафэгъуагъуэм хуэдэ макъышхуэхэм мыпхуэдэу жаӀэу зэхэсхащ итӀанэ: «Аллилуя! ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэу, ди Зиусхьэну Тхьэм тепщэныгъэшхуэр зэриӀэр къигъэнэхуащ.

7 ДывгъэгуфӀэ икӀи дывгъэтхъэж, щӀыхьышхуэри хуэдвгъэщӀ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Щынэм и къэшэгъуэр къэсащ, нысащӀэ хъунум зегъэхьэзыр.

8 Чэсей пӀащӀэ лыд икӀи къабзэ зыщитӀэгъэну мелыӀыч гуэрым Щынэм и нысащӀэ хъунум иритащ». Чэсей пӀащӀэм къикӀыр Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я щыпкъагъэр арщ.

9 МелыӀычым къызжиӀащ итӀанэ: – Мыр тхы: «Щынэм и нысашэм къригъэблэгъахэр гъуэгу махуэ теуващ». ИтӀани къызжиӀащ: – Мыхэр Тхьэм и псалъэ пэжщ.

10 Абы щыгъуэ згъэлъэпӀэну мелыӀычым и лъакъуэхэм я деж зездзыхащ. Ауэ абы къызжиӀащ: – Апхуэдэу умыщӀ. Уэрэ уи къуэшу Хьисэ щыхьэт хуэхъухэмрэ сывигъусэу сэри Тхьэм сыхуолажьэ. Тхьэращ бгъэлъэпӀэн хуейр. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэхэр бегъымбархэм я гум кърилъхьэу къащӀыжригъэӀар абыхэм Хьисэ теухуа хъыбарыфӀыр къыжаӀэн щхьэкӀэщ.


Шы пщӀэгъуалэм тесыр

11 Уафэр зэӀухауэ слъэгъуащ итӀанэ. Сыщыплъэм, шы пщӀэгъуалэ гуэр къэлъэгъуащ. Шым тесым «Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхуу узыщыгугъ хъункӀэ» еджэу жаӀэ. Хьэкум щыпкъагъэкӀэ ещӀэ икӀи мэзауэ.

12 И нэхэри мафӀэ бзийм хуэдэт. Пащтыхь таж куэд щхьэрыгът. Езым фӀэкӀа зыми имыцӀыхуу и натӀэм цӀэ гуэр тетхат.

13 Лъым ириӀа джанэ кӀыхь щыгът. Абы и цӀэр Тхьэм и Псалъэщ.

14 Шы пщӀэгъуалэхэм тесу, чэсей пӀащӀэ хужь къабзэхэмкӀэ хуэпауэ, уафэм и дзэхэр абы и ужь итт.

15 И жьэм лъэпкъхэм зэреуэну джатэ жан къыжьэдокӀ. ГъущӀ башкӀэ игъэӀурыщӀэнущ лъэпкъхэр. ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Тхьэм и губжьышхуэм и жызум зэрапӀытӀ чеишхуэм жызумхэр щапӀытӀэнущ.

16 Пащтыхьхэм я Пащтыхь, зиусхьэнхэм я Зиусхьэн жыхуаӀэ цӀэр абы и джанэ кӀыхьми и куэми тетт.

17 Дыгъэм хэту зы мелыӀыч гуэр слъэгъуащ итӀанэ. Уэфэгум щызелъатэ бзу псоми макъышхуэкӀэ мыпхуэдэу яжриӀащ абы: «Тхьэм и гухэхъуэ Ӏэнэм фыкъеблагъэ,

18 пащтыхьхэм ялри, дзэпщхэм ялри, лъэкӀыныгъэ зиӀэ цӀыхухэм ялри, шыхэм ялри, абыхэм тесхэм ялри, щхьэхуитми, пщылӀми, цӀыкӀуми, инми, цӀыху псоми ялри фшхын щхьэкӀэ».

19 Хьэщхьэвылъэр, дунейм и пащтыхьхэмрэ абыхэм я дзэхэмрэ къэслъэгъуащ итӀанэ. Ахэр шым тесымрэ абы и дзэмрэ езэуэну зэхуэсащ.

20 Ауэ шым тесымрэ абы и дзэмрэ хьэщхьэвылъэр яубыдащ, хьэщхьэвылъэм и пащхьэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр щызыгъэлъэгъуэгъа бегъымбар нэпцӀри яубыдащ. Хьэщхьэвылъэм а нэщэнэхэмкӀэ езым и дамыгъэр зытедза цӀыхуу, абы и сурэтыр зыгъэлъапӀэхэр дихьэхыгъащ. Шым тесымрэ абы и дзэмрэ хьэщхьэвылъэри бегъымбар нэпцӀри яубыда нэужь, тхъуэбзащхъуэм и мафӀэм ис хым а тӀур псэууэ хадзащ.

21 Шым тесым и жьэм къыжьэдэкӀ джатэмкӀэ иукӀащ къэнахэри. Абыхэм ялкӀэ загъэнщӀащ къуалэбзу псоми.

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:



ကြော်ငြာတွေ