Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -

2 Кор. 6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр


6-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ

1 Дэ, Тхьэм дэлажьэхэр, Тхьэм и нэфӀ пщӀэншэу къыфщыхуауэ къызэрыщӀэмыкӀыным фыхуэсакъыну дыныволъэӀу.

2 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм къызэрыжиӀэр и псалъэ тхахэм яхэтщ: «Игъуэу щыслъыта махуэм узэхэсхащ, цӀыхухэр мыкӀуэду къыщезгъэл махуэми дэӀэпыкъуэгъу сыпхуэхъуащ». Мис иджыщ Тхьэм игъуэу илъытэ зэманри цӀыхухэр мыкӀуэду абы къыщригъэлыну махуэри.

3 ЦӀыхухэм дэ длэжь ӀуэхумкӀэ дамыгъэкъуэншэн щхьэкӀэ, цӀыху гуэрым и гъуэгум ар зыгъэлъэпэрэпэн мывэ тетлъхьэну дыхуейкъым.

4 Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ Тхьэм дызэрыхуэлажьэр лъэныкъуэ псомкӀи догъэлъагъуэ: шыӀэныгъэшхуэ зэрыдиӀэмкӀи, гузэвэгъуэм дыхэтми, гугъуехь тшэчми, гухэщӀ диӀэми,

5 даубэрэжьми, лъэхъуэщым дыщӀадзауэ дыщӀэсми, хьэлэбэлыкъышхуэ дыхэхуэми, дешми, жей дыхуэныкъуэми, дымэжалӀэми;

6 гукъабзагъэкӀи, щӀэныгъэкӀи, шыӀэныгъэкӀи, фӀыгъуэкӀи; Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр ди псэм зэрыщыщымкӀи, пцӀы зыхэмылъ фӀылъагъуныгъэкӀи Тхьэм дызэрыхуэлажьэр догъэлъагъуэ;

7 щыпкъагъэр зэрыжытӀэмкӀи, Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэмкӀи, Ӏэ ижьми Ӏэ сэмэгуми ярылъ пэжыгъэм и ӀэщэхэмкӀи;

8 цӀыхухэм щӀыхь къытхуащӀми, къытхуамыщӀми, ӀейкӀэ къыттепсэлъыхьми, къытщытхъуми, Тхьэм дызэрэхуэлажьэр догъэлъагъуэ; цӀыхухэр дгъэгъуащэу далъытэ, ауэ щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхуу дыщытщ;

9 цӀыхухэм дацӀыхун тхуэмыфащэу далъытэ, ауэ цӀыху псоми дыкъацӀыхуж; лӀахэм яхуэдэу далъытэ, ауэ дыпсэущ; гугъуехь дагъэшэч, ауэ даукӀыркъым;

10 дигу хагъэщӀ, ауэ сыт щыгъуи догуфӀэ; дэ дытхьэмыщкӀэщ, ауэ цӀыху куэд бей дощӀ; зыри димыӀэу къащохъу, ауэ псори ди Ӏэ илъщ.

11 Фэ, Коринф цӀыхухэ, ӀупщӀу дынывэпсэлъащ, дигури къыфхузэӀутхащ.

12 Дигухэр фхуэдгъэбыдакъым, ауэ фэ фигухэр къытхуэвгъэбыдащ.

13 Абы папщӀэ фэри фигухэр къытхузэӀуфх, сабийхэм сызэрепсалъэм хуэдэу, сынывопсалъэ.


ГъащӀэ зиӀэ Тхьэм и унэр дэращ

14 ФӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм гъусэ фахуэхъуу зы бжьым фадэщӀэмыувэ. Щыпкъагъэмрэ бзаджагъэмрэ гъусэ дауэ зэхуэхъун? Нэхугъэмрэ кӀыфӀыгъэмрэ сыткӀэ зэпха?

15 Мэссихьрэ Велиаррэ я кум сыт хуэдэ зэгурыӀуэныгъэ дэлъын? ФӀэщхъуныгъэ зиӀэмрэ зимыӀэмрэ я Ӏыхьэ дауэ зэрызэхэлъынур?

16 Тхьэм и унэшхуэмрэ тхьэ нэпцӀхэмрэ я кум сыт хуэдэ зэгурыӀуэныгъэ дэлъын? ГъащӀэ зиӀэ Тхьэм и унэр дэращ, Тхьэм къызэрыжиӀам хуэдэу: «Сэ абыхэм сахэсынущ икӀи сахэтынущ. Сэ абыхэм я Тхьэуэ сыщытынущ, ахэри си лъэпкъыу щытынущ.

17 Аращи, къыжеӀэ Зиусхьэным, абыхэм фахэкӀи, лъэныкъуэкӀэ фыув. Мыкъабзэм фемыӀусэ, сэ фэ фыздэнущ абы щыгъуэ.

18 Сэ фэ Адэ сыфхуэхъунущ, фэри къуэрэ пхъурэ фыкъысхуэхъунущ, жеӀэ лъэкӀыныгъэ псори зиӀэ Зиусхьэным».

© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Institute for Bible Translation, Sweden
ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:



ကြော်ငြာတွေ