1 Мусэ 41 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэрИсуф фирхьэуным и пщӀыхьэпӀэхэм къикӀыр зэрыгуригъэӀуар 1 ИлъэситӀ дэкӀа нэужь, фирхьэуным пщӀыхьэпӀэу мыр илъэгъуащ: мис, ар Ӏутщ Нил псым и Ӏуфэм. 2 Еплъурэ, къыхэкӀащ псым жэмибл, теплъафӀэрэ пшэрхэу, щыхъуакӀуэрт ахэр псыпцӀэ къамылым деж. 3 ИтӀанэ абыхэм я ужькӀэ къыхэкӀащ псым нэгъуэщӀ жэмибли, теплъаджэрэ уэдыкъуауэ, ябгъурыуващ ахэри псы Ӏуфэм Ӏут адрей жэмхэм. 4 Жэм теплъаджэ уэдыкъуахэм яшхащ жэм теплъафӀэ пшэриблыр. Фирхьэуныр абдеж къэушащ. 5 Жеижащ аргуэру, епщӀыхьащ ар аргуэру: зы щхьэмыжыпкъым къыпыкӀащ щхьэмыжибл, щызрэ бэву. 6 Абыхэм я ужькӀэ къэкӀащ щхьэмыжибл, теплъаджэрэ къуэкӀыпӀэ жьыбгъэм ипхъэхауэ. 7 Абдеж яшхащ щхьэмыж уэдхэм щхьэмыж щызхэр. Фирхьэуныр къэушыжри, къыгурыӀуащ ар зэрыпщӀыхьэпӀэр. 8 Пщэдджыжьым къэпӀейтеящ абы и псэр, игъакӀуэри, къригъэшащ Мысырым и тхьэгурымагъуэхэри цӀыху акъылыфӀэхэри, яхуиӀуэтащ фирхьэуным абыхэм езым и пщӀыхьэпӀэр; ауэ къахэкӀакъым абыхэм пщӀыхьэпӀэм къикӀыр фирхьэуным къыжезыӀэфын гуэри. 9 Абдеж къэпсэлъащ фирхьэуным и фадэзехьэр, жриӀащ фирхьэуным: – Си гуэныхьыр сигу къокӀыж иджы. 10 Зэгуэрым фирхьэуныр и унэӀутхэм къытхуэгубжьри, дыщӀригъэдзат сэри щӀакъуэгъажьэ нэхъыщхьэри хьэпсым. 11 Тлъэгъуат дэ пщӀыхьэпӀэ а зы жэщым, щхьэж езым и пщӀыхьэпӀэ, мыхьэнэкӀэ зэтемыхуэу. 12 Абдежым щыӀэт ди гъусэу журт щӀалэ, щхьэхъумэхэм я Ӏэтащхьэм и унэӀутыр. Щхьэж и пщӀыхьэпӀэр хуэтӀуэтати, абы къыджиӀащ щхьэж и пщӀыхьэпӀэм къикӀыр. 13 Абы пщӀыхьэпӀэхэр къызэрытхузэхихуам хуэдэуи хъуащ: сэ си увыпӀэм къызагъэгъэзэжащ; щӀакъуэгъажьэ нэхъыщхьэр палъащ. 14 Абдеж фирхьэуным игъакӀуэри, къригъэшащ Исуф; епӀэщӀэкӀыу кърашыжащ ар хьэпсым. Абы и щхьэцхэр ищщ, и щыгъынхэр зэрихъуэкӀри, кӀуащ фирхьэуным деж. 15 Фирхьэуным Исуф жриӀащ: – Сэ пщӀыхьэпӀэ слъэгъуащи, щыӀэкъым ар схузэхэзыхуфын гуэри, ауэ уэр щхьэкӀэ зэхэсхащ пщӀыхьэпӀэхэр зэхэпхуфу. 16 Исуф фирхьэуным жэуап иритащ, мыр жиӀэри: – Ар сэ си Ӏэ илъкъым, Тхьэм къритынщ фирхьэуным жэуап, абы и сэбэп къыхэкӀыу. 17 ЖриӀащ, арати, фирхьэуным Исуф: – Сэ сепщӀыхьащ: сытетщ сэ псым и нэпкъым. 18 Абы сытетурэ къыхэкӀащ псым жэмибл, пшэррэ теплъафӀэу; щыхъуакӀуэрт ахэр псыпцӀэ къамылым деж. 19 Абыхэм я ужькӀэ къыхэкӀащ нэгъуэщӀ жэмибл, Ӏейуэ, икъукӀэ теплъаджэрэ уэдыкъуахэу; сэ щыслъэгъуакъым Мысыр щӀыналъэм абыхэм хуэдэу Ӏей. 20 Яшхащ абдеж жэм уэдхэм икӀи теплъаджэхэм жэм пшэриблыр. 21 Ихьащ жэм пшэрхэр абыхэм я ныбэхэм, ауэ хэпщӀыкӀыртэкъым ахэр абыхэм я ныбэхэм ихьауэ. Ахэр япэм зэрыщытам хуэдэу, я теплъэкӀэ зэрыӀейт. Абдеж сэ сыкъэушащ. 22 ИтӀанэ сэ сепщӀыхьащ: зы щхьэмыжыпкъым къыпыкӀащ щхьэмыжибл, щызу икӀи уэндэгъуу. 23 Ауэ абыхэм я ужькӀэ къэкӀащ щхьэмыжибл, псыгъуэу, уэдрэ къуэкӀыпӀэ жьыбгъэм ипхъэхауэ. 24 Яшхащ щхьэмыж уэдхэм щхьэмыжыфӀиблыр. Сэ ар яхуэсӀуэтат тхьэгурымагъуэхэм, ауэ зыми къысхузэхихуфакъым къикӀыр. 25 ЖриӀащ Исуф фирхьэуным: – Фирхьэуным и пщӀыхьэпӀэр зыщ: Тхьэм Езым ищӀэнумкӀэ хъыбар къригъэщӀащ фирхьэуным. 26 ЖэмыфӀу блыр илъэсиблщ; щхьэмыжыфӀу блыри – ар илъэсиблщ: зы пщӀыхьэпӀэщ. 27 Жэм уэдрэ теплъаджэу блыр, адрейхэм я ужькӀэ къыхэкӀахэр – ар илъэсиблщ, апхуэдэуи уэдрэ къуэкӀыпӀэ жьыбгъэм ипхъэхауэ щхьэмыжиблыр – ар гъаблэ илъэсиблщ. 28 Аращ сэ щӀыжесӀар фирхьэуным: Тхьэм ищӀэнур Абы къригъэлъэгъуащ фирхьэуным. 29 КъокӀуэ Мысыр щӀыналъэ псом бэвагъ ин дыдэ щыщыӀэну илъэсиблыр. 30 Абыхэм я ужькӀэ къэкӀуэнущ гъаблэ илъэсиблыр; щащыгъупщэжынущ Мысыр щӀыналъэм а бэвыгъэр, зэхикъутэнущ хэкур гъаблэм. 31 Ящыгъупщэжынущ ипэрей бэвыгъэр, къэкӀуэну гъаблэм къыхэкӀыу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар икъукӀэ хьэлъэу щытынущ. 32 Фирхьэуным тӀэунейрэ а пщӀыхьыр зэрилъэгъуам къокӀ ар хьэкъыу Тхьэм и псалъэу зэрыщытыр икӀи щӀэх дыдэ Тхьэм ар зэригъэзэщӀэнур. 33 Иджы фирхьэуным лӀы акъылыфӀэ Ӏущ къыхрехи, трырегъэувэ ар Мысыр щӀыналъэм. 34 Фирхьэуным унафэ ирещӀ кӀэлъыплъакӀуэхэр щӀыналъэм трагъэувэну икӀи бэвыгъэ щыщыӀэну илъэсиблым и кӀуэцӀкӀэ Мысыр щӀыналъэм къытекӀым щыщу Ӏыхьэ етхуанэр зэхуахьэсыну. 35 Абыхэм кърещтэ мы илъэсыфӀ къакӀуэхэм я гъавэ сыт хуэдэри. Фирхьэуным и нэӀэм щӀэту къалэхэм ар щызэхурахьэс ерыскъыпхъэуи, ирырахъумэ. 36 Хуэхъунщ хэкум а гъавэр гъэтӀылъыгъэ Мысыр щӀыналъэм къытепсыхэну гъаблэ илъэсиблым и кӀуэцӀкӀэ, щӀыналъэр гъаблэм имыхьын папщӀэ. Исуф фирхьэуным и къуэдзэ зэрыхъуар 37 Ар ягу ирихьащ фирхьэунми абы и къулыкъущӀэ псоми. 38 ЯжриӀащ фирхьэуным абыхэм: – Дгъуэтыну пӀэрэ дэ мыбы хуэдэу Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зигу илъ нэгъуэщӀ цӀыху? 39 ЖриӀащ фирхьэуным Исуф: – А псори Тхьэм уэ къыщызэпхуӀуихакӀэ, щыӀэкъым уэ пхуэдэу акъылыфӀэрэ Ӏущрэ; 40 Уэ уритетынущ си унэм, уи унафэхэми къедэӀунущ си лъэпкъ псор; ауэ пащтыхьыгъэкӀэ сэ зырщ уэ нэхърэ нэхъ ину щытынур. 41 АдэкӀи жриӀащ фирхьэуным Исуф: – Мис, сэ утызогъэувэ уэ Мысыр щӀыналъэ псом. 42 Фирхьэуным и Ӏэм пащтыхь мыхъур зытет Ӏэлъыныр къыӀэрихри ирилъхьащ Исуф и Ӏэм; ихуэпащ ар щыгъын хужь лъапӀэхэмкӀэ, ирилъхьащ дыщэ лэрыпсыр абы и пщэм. 43 Унафэ ищӀащ ар езым и шыгухэм ящыщу етӀуанэмкӀэ яшэну, икӀи абы и пэм иту ягъэӀуну: «Щхьэщэ фщӀы»! Арати, трагъэуващ ар Мысыр щӀыналъэ псом. 44 ЖриӀащ фирхьэуным Исуф: – Сэ сыфирхьэунщ: уи Ӏизыныншэу зыми щигъэхъеинукъым и Ӏэри лъэбэкъуи щидзынукъым Мысыр щӀыналъэ псом. 45 ФӀищащ фирхьэуным Исуф цӀэуэ Цафэнат-ПанэӀахь; иритащ абы фызу Асэнат, Он къалэм щыщ тхьэгъэпс Потиферахь и пхъур. Мысыр щӀыналъэ псори Исуф и Ӏэ илъ хъуащ. 46 Исуф илъэс щэщӀ хъурт ар Мысыр пащтыхьым, фирхьэуным, и пащхьэм щихьам щыгъуэ. Исуф фирхьэуным и пащхьэм икӀри, къикӀухьащ Мысыр щӀыналъэ псори. 47 ЩӀыгуми бэвыгъэ щыщыӀэ илъэсиблым щыгъуэ зы хьэдзэр игъэбагъуэрт зы ӀэмыщӀэ изу. 48 Илъэсиблым Мысыр щӀыналъэм бэв щыхъуа сыт хуэдэ гъавэри зэхуихьэсри, щигъэтӀылъащ Исуф гъавэр къалэхэм; дэтхэнэ къалэми щигъэтӀылъащ ар къэзухъуреихь губгъуэхэм я гъавэр. 49 Зэхуихьэсащ Исуф гъавэр икъукӀэ куэду, хы пшахъуэм хуэдэу, ар ибжыни щигъэтыжащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къыпхуэлъытэнутэкъым и бжыгъэр. 50 Гъаблэ илъэсхэр къэмыс щӀыкӀэ, Исуф къыхуэхъуащ къуитӀ; ахэр къилъхуащ Он къалэм щыщ тхьэгъэпс Потиферахь ипхъу Асенат. 51 ФӀищащ Исуф и щыпэлъхум цӀэуэ Мынасэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, жиӀэрт абы, Тхьэм сщигъэгъупщащ си гуауэ псори си адэм и унэри. 52 Адрейми фӀищащ цӀэуэ Ефраим, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, жиӀэрт абы, гугъуехь щысщэч щӀыналъэм фӀы къыспыкӀыну Тхьэм сыщищӀащ. 53 Ауэрэ блэкӀащ Мысыр щӀыналъэм щыщыӀа бэвыгъэ илъэсиблыр. 54 АдэкӀэ къэсащ гъаблэ илъэсиблыр, Исуф зэрыжиӀэгъам хуэдэу. Щыгъаблэт щӀыналъэ псом; ауэ Мысыр щӀыналъэ псом щыӀэт гъавэ. 55 Мысыр щӀыналъэ псоми гъаблэр къыщыщхьэщыхьэм, цӀыхубэм щӀадзащ фирхьэуным гъавэ щхьэкӀэ хуэпыхьэу. ЯжриӀащ фирхьэуным мысыр цӀыху псоми: – Исуф деж фыкӀуи, фщӀэ абы къывжиӀэр. 56 Щыгъаблэт щӀылъэ псом: арати, гуэнхэр псори къызэӀуихри, Исуф щӀидзащ мысыр цӀыхухэм гъавэр ярищэу. Гъаблэр нэхъ ткӀий щыхъурт Мысыр щӀыналъэм. 57 Адрей къэралхэм къикӀыурэ, къакӀуэрт Мысырым, Исуф деж гъавэ щащэхун папщӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гъаблэр нэхъри ткӀий щыхъурт щӀылъэм. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden