1 Мусэ 36 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэрЭсау къытехъукӀахэр 1 Мис Эсау, Эдоми ар дыдэрщ, къытехъукӀахэр. 2 Эсау къишащ фызу Ханаан ипхъухэм ящыщу: Адэ, хет цӀыхухэм ящыщу Елонэ ипхъу, хъыу цӀыхухэм ящыщу Цыбеон и къуэ Анэ ипхъу Охьоливамэ. 3 Апхуэдэу Исмэхьил ипхъу Басемати, Нэбаиот и шыпхъур. 4 Адэ Эсау къыхуилъхуащ Елифаз; Басемат къилъхуащ Рэуел. 5 Охьолибамэ къилъхуащ Еущ, Ялам, Къорахь сымэ. Ахэр Эсау и къуэхэщ, Ханаан щӀыналъэм къыщыхуалъхуауэ. 6 Къищтащ Эсау езым и фызхэри и къуэхэри, ипхъухэри, и унэм ис цӀыху псори, и хъушэхэри, и Ӏэщ псори, Ханаан щӀыналъэм къыщилэжьа и мылъкуу хъуари, икӀи кӀуащ нэгъуэщӀ щӀыналъэ, езым и къуэш Екъуб и пащхьэ икӀри. 7 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абыхэм я мылъкухэр апхуэдизкӀэ куэд хъурти, зэгъусэу псэужыфыртэкъым ахэр, здызекӀуэ щӀыналъэми ихуэжыртэкъым, я Ӏэхъушэхэм я куэдагъым къыхэкӀыу. 8 Апхуэдэу щытӀысащ Эсау Сеир бгыщхьэм деж. Эсау, Эдомри арщ. 9 Мыхэращ къытехъукӀар бгыщхьэ Сеир щыпсэу Эдом цӀыхухэм я адэ Эсау: 10 Мис Эсау и къуэхэм я цӀэхэр: Елифазэ, Эсау и фыз Адэ и къуэр, Рэуел, Эсау и фыз Басемат и къуэр. 11 Елифаз иӀэт къуэхэр: Тэман, Омар, Цэфэу, Гъатам, Къэназ сымэ. 12 ТымнаӀ Эсау и къуэ Елифаз и унэӀут бзылъхугъэт; абы Елифаз къыхуилъхуащ Амалек. Ахэрщ Эсау и фыз Адэ и къуэхэм къатехъукӀахэрщ. 13 Мис Рэуел и къуэхэри: Нахьат, Зэрахь, Шам, Миззэ. Ахэр Эсау и фыз Басемат и къуэхэм къатехъукӀарщ. 14 Цыбеон и къуэ Анэ ипхъу Охьолибамэ, Эсау и фызым, и къуэхэщ мыхэр: абы Эсау къыхуилъхуащ Еуш, Ялам, Корахь сымэ. 15 Мис Эсау и къуэхэм къатехъукӀахэм я нэхъыжьхэр. Эсау и щыпэлъху Елифаз и къуэхэр: нэхъыжь Тэман, нэхъыжь Омар, нэхъыжь Цэфэу, нэхъыжь Кэназ, 16 нэхъыжь Корахь, нэхъыжь Гъатам, нэхъыжь Амалек. Ахэрщ Елифаз и нэхъыжьхэу Эдом и щӀыналъэм щыӀахэр; ахэр Адэ и къуэхэм къатехъукӀащ. 17 Мыхэр Эсау и къуэ Рэуел и къуэхэм къатехъукӀащ: нэхъыжь Нахьат, нэхъыжь Зэрахь, нэхъыжь Шам, нэхъыжь Миззэ. Ахэр Рэуел и нэхъыжьхэу Эдом и щӀыналъэм щыӀахэрщ; ахэр Эсау и фыз Басемат и къуэхэм къатехъукӀащ. 18 Мыхэр Эсау и фыз Охьолибамэ и къуэхэщ: нэхъыжь Еуш, нэхъыжь Ялам, нэхъыжь Корахь. Ахэр Анэ ипхъу Охьолибамэ, Эсау и фызым, къилъхуа нэхъыжьхэщ. 19 Мис ахэрщ Эсау, Эдом аращ, и къуэхэм къатехъукӀар, икӀи ахэрщ я нэхъыжьхэр. Сеир къытехъукӀахэр 20 Мыхэр Хор лъэпкъым щыщ Сеир и къуэхэу а щӀыналъэм щыпсэуахэрщ: Лотан, Шэуал, Цыбеон, Анэ, 21 Дищэн, Ецэр, Дищэн сымэ. Ахэр Сеир и къуэхэу Хор цӀыхухэм я нэхъыжьхэщ, Эдом и щӀыналъэм щыпсэуахэрщ. 22 Лотан и къуэхэщ: Хьорыйрэ Хьэмамрэ; Лотан и шыпхъур Тимнэщ. 23 Мыхэр Шэуалэ и къуэхэщ: Алуан, Манахьат, Эбал, Шэфэу, Онам сымэ. 24 Мыхэр Цыбеон и къуэхэщ: Айэрэ Анэрэ. Анэр езым и адэ Цыбеон и шыдхэр щигъэхъум щыгъуэ губгъуэ нэщӀым псы хуабэ къыщызыгъуэтарщ. 25 Мыхэр Анэ и бынхэщ: Дишонрэ Анэ ипхъу Охьолибамэрэ. 26 Мыхэр Дишон и къуэхэщ: Хьэмдан, Ещбан, Итран, Къэран сымэ. 27 Мыхэр Эцер и къуэхэщ: Билхьан, ЗаӀауан, Акъан сымэ. 28 Мыхэр Дишан и къуэхэщ: Уц, Аран. 29 Мыхэр хор цӀыхухэм я нэхъыжьхэщ: нэхъыжь Лотан, нэхъыжь Шэуал, нэхъыжь Цыбеон, нэхъыжь Анэ, 30 нэхъыжь Дишон, нэхъыжь Эцер, нэхъыжь Дишан. Мис хор цӀыхухэм я нэхъыжьхэр, Сеир щӀыналъэм нэхъыжьыгъуэр зэрыщаӀыгъам хуэдэу зэкӀэлъыкӀуэу. Эдом цӀыхухэм я пащтыхьхэмрэ я лӀакъуэхэмрэ 31 Мис израил цӀыхухэм пащтыхь яӀэн и пэкӀэ Эдом щӀыналъэм деж пащтыхьу щыщытахэр. 32 Эдом пащтыхьу щыщытащ Бэла, Бэор и къуэр, абы и къалэм и цӀэуи щытащ Динхьабэ. 33 Бэла лӀэри, пащтыхьыгъуэр иубыдащ абы и ужькӀэ Иобаб, Зэрахьым и къуэм, Боцрэ щыщым. 34 ЛӀащ Иобаб, абы и ужькӀи пащтыхьыгъуэр иубыдащ Хушам, тэманхэм я щӀыналъэм щыщым. 35 Хушам лӀэри, абы и ужькӀэ пащтыхь хъуащ мидиан цӀыхухэр Моаб хэкум деж щыхэзыгъэщӀа Хадад, Бэдад и къуэр; абы и къалэм и цӀэт Ауит. 36 Хадад лӀа нэужь, пащтыхь хъуащ Самлэ, Масрэкъэ щыщыр. 37 Самлэ лӀэри, бы и ужькӀэ пащтыхь хъуащ Шаул, псы Ӏуфэм Ӏут Рехьовот щыщыр. 38 Шаул лӀа нэужь, пащтыхь хъуащ БаӀал-Хъанан, Эхбэр и къуэр. 39 БаӀал-Хъанан, Эхбэр и къуэр, лӀэри абы и ужькӀэ пащтыхь хъуащ Хадар: абы и къалэм и цӀэщ Пау; абы и фызым и цӀэщ Мэхьэтабэл, Мезахьаб и къуэ Матрэд ипхъущ. 40 Мыхэр Эсау и нэхъыжьхэм я цӀэхэрщ, я лъэпкъхэмкӀэ, я щӀыпӀэхэмкӀэ, я цӀэхэмкӀэ: нэхъыжь Тымнэ, нэхъыжь Алуа, нэхъыжь Етэт, 41 нэхъыжь Охьолибамэ, нэхъыжь Елэ, нэхъыжь Пинон, 42 нэхъыжь Къэназ, нэхъыжь Тэман, нэхъыжь Мыбцар, 43 нэхъыжь Магдиел, нэхъыжь Ирам. Ахэрщ Эдом нэхъыжьхэр, я псэупӀэхэмкӀэ, езыхэм я щӀыналъэм деж. Аращ Эсау Эдом цӀыхухэм я адэр. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden