1 Мусэ 2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр1 Уафэмрэ щӀылъэмрэ, абыхэм щыӀэ псори ухуа хъуащ. 2 Ебланэ махуэм ирихьэлӀэу, Тхьэм илэжьа Ӏуэхухэр иригъэкъуащ, ебланэ махуэм гупсэхугъуэ игъуэтащ илэжьа Ӏуэху псоми я ужькӀэ. 3 Тхьэм и нэфӀ ебланэ махуэм щыхуэри, махуэ лъапӀэ ар ищӀащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а махуэм Тхьэм гупсэхугъуэ игъуэтащ илэжьа Ӏуэху псоми я ужькӀэ. 4 Аращ уафэмрэ щӀылъэмрэ я къэхъукӀэ хъуар – Зиусхьэну Тхьэм щӀылъэри уафэри щиухуам щыгъуэ. Ӏэдэн жыг хадэр 5 ЩӀыгум зы чыци теттэкъым, зы удзи къэкӀатэкъым иджыри, сыту жыпӀэмэ Зиусхьэну Тхьэм тригъэшхатэкъым щӀылъэм уэшх, цӀыхуи щыӀэтэкъым щӀыгум телэжьыхьыну; 6 ауэ щӀылъэм бахъэр къыщхьэщихырти, абы игъэпсыӀэрт щӀым и нэгур. 7 ИтӀанэ къигъэщӀащ Зиусхьэну Тхьэм цӀыхур, щӀылъэ сабэм къыхищӀыкӀри, икӀи абы епщэри гъащӀэ иритащ, цӀыхум псэ къыӀуигъэкӀащ. 8 Щиухуащ Зиусхьэну Тхьэм къуэкӀыпӀэмкӀэ щыӀэ Ӏэдэн жыг хадэ; Езым къигъэщӀа цӀыхум ар псэупӀэ хуищӀащ. 9 КъыхигъэкӀащ Зиусхьэну Тхьэм щӀыгум теплъэ гурыхь зиӀэ шхыныгъуэфӀ хъу сыт хуэдэ жыгхэри, жыг хадэм и курыкупсэм щигъэкӀащ гъащӀэ къэзыт жыгри фӀымрэ емрэ зэхэзыгъэкӀ жыгри. 10 Ӏэдэн къыхэжырт жыг хадэр зыгъэпсыӀэ псыр, итӀанэ ахэр псиплӀу зэхэкӀыжырт. 11 Зым и цӀэщ Пишэн: абы къызэщӀеубыдэ Хауилэ щӀыналъэу дыщэ здэщыӀэр; 12 А щӀыналъэм и дыщэр фӀыщ; абдежым щыӀэщ мэ Ӏэф зыпих мыстхъурэ Оникс зи цӀэ мывэ лъапӀэрэ. 13 ЕтӀуанэ псым и цӀэщ Гъыхъон: абы къызэщӀеубыдэ Куш щӀыналъэ псор. 14 Ещанэ псым и цӀэщ Тигр: ар щожэх Ашур и къуэкӀыпӀэмкӀэ. ЕплӀанэ псыр Евфратщ. 15 Зиусхьэну Тхьэм цӀыхур ишэри псэупӀэ щритащ Ӏэдэн жыг хадэм, абы илэжьыхьын, ар ихъумэн папщӀэ. 16 Зиусхьэну Тхьэм унафэ хуищӀащ цӀыхум, мыр жиӀэурэ: – Жыг хадэм ит дэтхэнэ жыгми къыпыкӀэр пшхыну ухуитщ, 17 ауэ фӀымрэ емрэ зэхэзыгъэкӀ жыгым къыпыкӀэр умышх; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар щыпшх махуэм уи ажалыр абы къыхэкӀынущ. 18 ЖиӀащ Зиусхьэну Тхьэм: – ФӀыкъым цӀыхум и закъуэу щытыну; къэзгъэщӀынщ абы хуэфащэ дэӀэпыкъуэгъу. 19 Зиусхьэну Тхьэм къыхигъэхъукӀащ ятӀэм губгъуэ псэущхьэ псори, уэгу къуалэбзу псори, икӀи къыхуишащ цӀыхум, абыхэм цӀэ зэрафӀищыр илъагъун папщӀэ, икӀи дэтхэнэ псэ зыпытми цӀыхум цӀэуэ фӀищар абы цӀэ хуэхъун щхьэкӀэ. 20 ФӀищащ цӀыхум цӀэ Ӏэщ псоми, уэгум ит къуалэбзухэми, губгъуэ хьэкӀэкхъуэкӀэ псоми; ауэ цӀыхум и дэӀэпыкъуэгъу къахэкӀакъым абыхэм езым ещхьу. 21 Зиусхьэну Тхьэм хригъэлъэсащ лӀыр жей Ӏувым; ар жея нэужь, абы и дзажэналъэхэм ящыщ зы къыхихри, ар къыздыхиха щӀыпӀэр щӀихъумэжащ лыпцӀэкӀэ. 22 Зиусхьэну Тхьэм лӀым и дзажэналъэм бзылъхугъэ къыхищӀыкӀри, къыхуишащ ар лӀым. 23 ЖиӀащ цӀыхум: – Мыр си пкъым щыщ къупщхьэщ, си лым щыщ лыщ; абы и цӀэу щытынущ цӀыхубз сыту жыпӀэмэ лӀым къыхахащи. 24 Абы къыхэкӀкӀэ лӀыр адэ-анэм яхэкӀынурэ, и фызым щӀыгъуу, тӀури зыпкъ хъунущ. 25 ПцӀанэт тӀури, лӀыри фызри, абы щхьэкӀи укӀытэхэртэкъым. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden