Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -

Лукас 10 - ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ


Хьисэ и гъэсэнхэр Тхьэм хуигъэлэжьэну зэрыригъэжьар

1 Абы и ужькӀэ Зиусхьэным и Ӏумэтым итхэм цӀыху блыщӀ аргуэру къыхихри, езыр здэкӀуэну здигугъэ жылэхэм, щӀыпӀэхэм тӀурытӀурэ игъэкӀуащ, езым япэ иту.

2 Хьисэ абыхэм мыр яжриӀащ: – Гъавэр бэв хъуащ, ауэ Ӏузыхыжынухэр мащӀэщ. Аращи, хьэсэр зейм фелъэӀу гъавэр Ӏузыхыжынухэр къигъэкӀуэну.

3 ФыкӀуэ! Щынэм фыхуэдэу, дыгъужьхэм фахызогъэхьэ.

4 Бохъши, хъуржыни, вакъи здевмыхьэжьэ, цӀыхухэм сэлам ефхын щхьэкӀи фыкъэмыувыӀэ, гъуэгуанэ фытету.

5 Зыгуэрым и унэ фыщеблагъэкӀэ, япэрауэ, «Тхьэм тыншыгъуэ къывит» жыфӀэ.

6 Тыншыгъуэ зыхуэфащэ цӀыху а унэм щӀэсу къыщӀэкӀмэ, фызэрыхуэупса тыншыгъуэр абы лъысынущ, щӀэмысмэ, тыншыгъуэм фи деж къигъэзэжынущ.

7 Унэ фыздихьам фыщыхьэщӀэ, къыфхутрагъэувэр фшхы, фефэ, сыту жыпӀэмэ лэжьакӀуэм лэжьапщӀэ хуэфащэщ. Фыздыхьа жылэм фыдэтыху, унэ хъуэж фымыщӀ.

8 Жылэ гуэрым фыдыхьауэ фрагъэблагъэмэ, фагъэшхыр фшхы.

9 Сымаджэхэр вгъэхъуж, Тхьэм и Тепщэныгъэр къазэрыхуэблэгъар яжефӀэ.

10 Ауэ жылэ гуэрым фыдыхьауэ зыми фримыгъэблагъэмэ, я уэрамхэм фрикӀуэурэ мыр жыфӀэ:

11 «Фи къуажэм дыдэтыху, ди лъакъуэм къытрихьа сабэр фхукӀэрыдогъэлъэлъыж; ауэ зэвгъащӀэ Тхьэм и Тепщэныгъэр къызэрыблэгъар».

12 НывжызоӀэ, къемэтмахуэм Сэдом къалэм щыпсэуа цӀыхухэм я Ӏуэхур нэхъ тынш хъунущ фезымыгъэблэгъа жылэм и Ӏуэхум нэхърэ.

13 Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, Хуразин дэсхэ! Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, Бэтсэид дэсхэ! Сыту жыпӀэмэ фи уэрамхэм щызлэжьа Ӏуэху телъыджэхэр Тиррэ Сидонрэ щызлэжьатэмэ, куэд щӀат а къалэхэм дэсхэр я гуэныхьхэм зэрыхущӀегъуэжрэ, щыгъуэ щыгъын ящыгъыу, сахуэ ятепхъауэ тобэ къызэрахьыжрэ.

14 Ауэ къемэтмахуэм Тиррэ Сидонрэ я Ӏуэхур нэхъ тынш хъунущ фи Ӏуэхум нэхърэ.

15 Уэри, Кэпэрнэум, уафэм удрахьеин уи гугъэу къыщӀэкӀынщ. Ущымыгугъ, жыхьэнмэм урадзыхынущ.

16 ИтӀанэ Хьисэ и гъэсэнхэм захуигъазэри, жиӀащ: – Фэ къывэдаӀуэр Сэ къызэдаӀуэу мэхъу, фэ фызымыдэм Сэри симыдэу мэхъу. Сэ сызымыдэм сыкъэзыгъэкӀуари имыдэу мэхъу.


Хьисэ иригъэжьа цӀыху блыщӀым къызэрагъэзэжар

17 Хьисэ иригъэжьа цӀыху блыщӀым гуфӀэу къагъэзэжри жаӀащ: – Зи щӀыхьыр ин, уеблэмэ жин бзаджэхэри къыдодаӀуэ уи цӀэр къыщитӀуэм деж!

18 – УафэхъуэпскӀым ещхьу Ӏиблисыр уафэм къызэрехуэхар Сэ слъэгъуащ, – жиӀащ Хьисэ. –

19 Мис, Сэ тепщэныгъэ фэстащ блэхэми акърэбхэми зэран къыфхуэмыхъуу фатеувэну, бийм и къару псоми фатекӀуэну. Зыри зэран къыфхуэхъуфынукъым.

20 Ауэ фызыщыгуфӀыкӀын хуейр жин бзаджэхэр къызэрывэдаӀуэр аркъым, атӀэ фи цӀэхэр Тхьэм и тхылъым иритхауэ зэрыщытырщ.

21 Асыхьэтым Тхьэм и Псэм Хьисэ и гур гуфӀэгъуэшхуэкӀэ игъэнщӀри, Хьисэ мыр жиӀащ: – Уафэми щӀылъэми щы-Зиусхьэну си Адэ! ФӀыщӀэ пхузощӀ, Ӏущхэмрэ губзыгъэхэмрэ ящыббзыщӀа Ӏуэхухэр сабийхэм хуэдэу щыт къызэрыгуэкӀ цӀыхухэм гурыӀуэгъуэ ящыпщӀащи. Ей, си Адэ, уи ӀэмыркӀэ къэхъуа Ӏуэхущ ар!

22 Си Адэм си ӀэмыщӀэ псори кърилъхьащ. Къуэр зыхуэдэр зыми ищӀэркъым Адэм фӀэкӀ. Ещхьыркъабзэу, Адэри зыхуэдэр зыми ищӀэркъым Къуэмрэ Къуэм Адэр зригъэцӀыхуну хуейхэмрэ фӀэкӀ.

23 Ар жиӀа нэужь, Хьисэ и гъэсэнхэм захуигъазэри, адрейхэм зэхамыхыу, яжриӀащ: – Гъуэгу махуэ теуващ фэ фи нэм илъагъур зылъэгъуа цӀыхухэр.

24 Сыту жыпӀэмэ бегъымбар куэдми пащтыхь куэдми ялъагъуну хуеящ фэ флъагъур, ауэ ялъэгъуакъым, фэ зэхэфхри зэхахыну хуеящ, ауэ зэхахакъым.


ГущӀэгъулы нэсым теухуауэ

25 Теурэт егъэджакӀуэ гуэр къэуври, Хьисэ игъэунэхун и мураду къеупщӀащ: – УщиякӀуэ, сыт сщӀэн хуейр, гъащӀэ уахътыншэ згъуэтын папщӀэ?

26 – Теурэт Хабзэм сыт итыр? – еупщӀащ абы Хьисэ. – Абы къибджыкӀыр сыт?

27 – «Уи Тхьэу Зиусхьэныр гукӀи, псэкӀи, акъылкӀи, къарууэ уиӀэ псомкӀи фӀыуэ лъагъу». ИкӀи «Уи гъунэгъу цӀыхури фӀыуэ лъагъу, уи щхьэр зэрыплъагъум хуэдэу», – къитыжащ жэуап теурэт егъэджакӀуэм.

28 – Пэжу жыпӀащ, – жиӀащ Хьисэ. – Мис ахэр гъэзащӀи, гъащӀэ уахътыншэ бгъуэтынущ.

29 Ауэ теурэт егъэджакӀуэм и пщӀэр иримыгъэхуэхын щхьэкӀэ, Хьисэ еупщӀащ аргуэру: – Хэт сэ си гъунэгъуу слъытэн хуейр?

30 Хьисэ ущие хъыбар къригъэжьащ: – ЛӀы гуэр Ерусэлим икӀауэ Ерихъуэ здэкӀуэм, хъунщӀакӀуэхэм яӀэщӀэхуащ. Абыхэм ар яупцӀэнщ, удын ирадзри, гъуэгум ныкъуэлӀэу къытранащ.

31 Асыхьэтым, дин гъуазэ гуэр а гъуэгумкӀэ кърикӀуэрт. Дин гъуазэм ар щилъагъум, гъуэгубгъум зритри блэкӀащ.

32 Абы ещхьу, Лэуий къытехъукӀа дин лэжьакӀуэ гуэр а щӀыпӀэм щынэсым, гъуэгубгъу зищӀри блэкӀащ, ар щилъагъум.

33 Ауэ Самарием щыщ лӀы гуэр гъуэгуанэ тету абыкӀэ блэкӀ пэтрэ, лей зылъысар къилъагъури, ар фӀэпсэкӀуэд хъуащ.

34 Ар абы бгъэдыхьэщ, и уӀэгъэхэр санэкӀэ хуитхьэщӀщ, дагъэ хущихуэри, хуипхэжащ. ТхьэмыщкӀэр и шыдым тригъэгъуалъхьэщ, хьэщӀэщ гуэрым ишэри, зыхуей хуигъэзащ итӀанэ.

35 ЕтӀуанэ махуэм дыжьын ахъшэ жьгъеитӀ кърихщ, хьэщӀэщыр зейм иритри, жриӀащ: «Мы лӀым схукӀэлъыплъ, уэстам нэхърэ нэхъыбэ тебгъэкӀуадэмэ, къыщызгъэзэжкӀэ уэстыжынщ».

36 УзэреплъымкӀэ, хэт а цӀыхуищым щыщу лей зылъыса цӀыхум гъунэгъу хуэхъуар? – еупщӀащ Хьисэ абы.

37 – ЗыфӀэпсэкӀуэд хъууэ дэӀэпыкъуар арщ, – къитыжащ жэуап теурэт егъэджакӀуэм. – АтӀэ кӀуэи, уэри абы ещхьу щӀэ, – жриӀащ абы Хьисэ.


Мэрямрэ Мартэрэ

38 АдэкӀэ кӀуэурэ, Хьисэ и гъэсэнхэр и гъусэу жылэ гуэрым дыхьащ. Щыдыхьэм, Мартэ и цӀэу цӀыхубз гуэрым иригъэблэгъащ.

39 Мартэм Мэрям и цӀэу шыпхъу иӀэт. Арати, Мэрям Хьисэ и лъакъуэм пэгъунэгъуу етӀысэхри, Зиусхьэным жиӀэм едаӀуэу щӀидзащ.

40 Мартэ хьэщӀэхэр зэригъэхьэщӀэным пылът. Ар Хьисэ бгъэдэкӀуатэри, жриӀащ: – Зи щӀыхьыр ин, си шыпхъум лэжьыгъэ псори си пщэ къызэрыдилъхьар къыпфӀэмыӀуэхуу ара? Ӏуэхур къыздигъэпсынщӀэну схужеӀэт.

41 – Ей Мартэ, Мартэ! – жиӀащ Зиусхьэным. – Уэ куэдым уолӀалӀэ, куэдым уогугъу,

42 ауэ зыт узыхуэныкъуэр. Мэрям нэхъыфӀыр къыхихащи, ар абы зэи ӀэщӀахыфынукъым.

© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021

Institute for Bible Translation, Russia
ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:



ကြော်ငြာတွေ