Инус 4 - ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэТхьэм и гущӀэгъум Инус къызэригъэгубжьар 1 Инус хуабжьу и жагъуэ хъуащ ар икӀи къэгубжьащ. 2 Зиусхьэным зыхуигъазэри жриӀащ: – Зиусхьэн, Ӏуэхур апхуэдэу зэрыхъунур си унэ сыщӀэсу жысӀатэкъэ? СыщӀэпхъуэу Таршиш сыщӀежьари аращ. Уи гум цӀыхухэм фӀы зэрахуилъыр, гущӀэгъу зэрахууиӀэр, узэрытэмакъкӀыхьыр, уи гур цӀыхум яхуэхуабэ зэпыту зэрыщытыр, уи тезырым ухущӀегъуэжыну узэрыхьэзырыр сщӀэрт. 3 Иджы, Зиусхьэн, си гъащӀэр сӀыхыж, сыпсэу нэхърэ сылӀэмэ нэхъыфӀщ. 4 – Абы щхьэкӀэ укъэгубжь хъурэ-тӀэ? – жиӀэри, Зиусхьэныр Инус къеупщӀащ. 5 Инус къалэм дэкӀри, абы и къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэмкӀэ къэтӀысащ. ПщыӀэ игъэуври, жьауапӀэм щӀэтӀысхьащ, къалэм къыщыщӀынур илъагъун щхьэкӀэ. 6 Зиусхьэну Тхьэм къэкӀыгъэ къигъэкӀри Инус нэхърэ нэхъ лъагэу зригъэӀэтащ, абы и щӀагъ жьауэм щӀигъэсын, и гур дахэ хуищӀыжын щхьэкӀэ. Инус хуабжьу щыгуфӀыкӀащ къэкӀыгъэм. 7 Тхьэм и ӀэмыркӀэ, етӀуанэ махуэм, нэхулъэ къищӀа къудейуэ, хьэпӀацӀэм къэкӀыгъэм и лъабжьэр щӀишхыкӀри, къэкӀыгъэр гъужащ. 8 Дыгъэм зиӀэта нэужь, къуэкӀыпӀэмкӀэ къикӀыу жьы хуабей къригъэпщащ Тхьэм. Инус дыгъэ бзий гуащӀэм апхуэдизкӀэ къыхигъэзыхьат, и къарур щӀихати, ажал къыхуигъэкӀуэну елъэӀуащ. – Сыпсэу нэхърэ сылӀэмэ нэхъыфӀщ, – жиӀэри. 9 Тхьэр Инус еупщӀащ: – КъэкӀыгъэр зэрыгъужам щхьэкӀэ угубжь хъурэ-тӀэ? – Хъунущ, – жиӀащ Инус. – Сызэгуэудыным хуэдэущ сызэрыгубжьар! 10 Зиусхьэным къыпищащ итӀанэ: – Гугъу узыдемыхьа, къыумыгъэкӀа, жэщым къэкӀыу етӀуанэ махуэм гъужа къэкӀыгъэм уигу щӀэгъуащ уэ. 11 АтӀэ Сэ дауэ сигу щӀэмыгъунрэ Ӏэ ижьымрэ сэмэгумрэ зэхэзмыгъэкӀыфу цӀыху минищэрэ тӀощӀым щӀигъу зыдэс Нинуй къалэшхуэм, абы я Ӏэщ хъушэхэм дауэ сащымысхьынрэ? |
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021
Institute for Bible Translation, Russia