3 Зиусхьэныр Тхьэуэ зэрыщытыр зыгурывгъаӀуэ: Аращ дыкъэзыгъэщӀар, Абы дрейщ, дрицӀыху лъэпкъщ, и мэл хъушэм дыщыщщ.
Абы и мылъкур игуэшащ хьэлэлу, тхьэмыщкӀэхэм яритащ ар, абы щыпкъагъэу Тхьэм хуиӀэр кӀуэдынкъым, Тхьэм абы хуегъэфащэ щӀыхьрэ гуащӀэрэ.
ПсэущхьиплӀым ящыщ дэтхэнэ зыми дамих тетт, нэхэр дэнэкӀи яхэзт. Жэщи махуи зэпымыууэ, мыпхуэдэу жаӀэ: «ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Зиусхьэн Тхьэуэ, щыӀауэ, щыӀэу, икӀи игъащӀэкӀэ щыӀэнур, лъапӀэу, лъапӀэу, лъапӀэу щытщ».
Сэ дунейм сытетыжынукъым иджы, ауэ ахэр дунейм иджыри тетщ. Сэ уи деж сынэкӀуэжынущ. Си Адэ лъапӀэ, уэ къызэпта уи цӀэм и къарукӀэ ахэр къэхъумэ, уэрэ сэрэ зыуэ дызэрыщытым хуэдэу, ахэри зы хъун щхьэкӀэ.
дунейм и цӀыхухэр уи гъуэгум нэӀуасэ хуэхъуну, гуащӀэ узэриӀэр цӀыху лъэпкъ псоми ящӀэну.
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Пшынауэ пашэ Эдутун папщӀэ. Асаф и уэрэд
Зиусхьэн, сигу изгъэлъынщ уи ӀэщӀагъэхэр; Ӏуэху щӀагъуэу ижькӀэ Уэ блэжьахэр сигу къэзгъэкӀыжынщ.
Гу къуаншэм зыщыздзеинщ сэ; Ӏуэху бзаджэ зыхэзгъэхуэнкъым.
ЩӀыхь хуэщӀ, сигу, Зиусхьэным! Зиусхьэну си Тхьэ, Уэ гъэщӀэгъуэн дыдэу уинщ! Лъытэныгъэшхуэри щӀыхьри уи фащэщ.