6 Сыринэм, бжьамийм я макъыр щӀыгъуу, пащтыхьу Зиусхьэным гуфӀэ макъ хуэфӀэт.
Уэ зырщ, Уэ зыращ гуэныхь зэзлэжьылӀар, мыхъуну Уэ плъытэр сэ зэспэсыжащ, Уэ къыстеплъхьар захуагъэщ, сыт къысхуэжыпӀэми захуагъэщ, сыщыбгъэмысэкӀи ухейщ.
Пшынауэхэмрэ уэрэдыӀуэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд
Тхьэм хуэщыпкъэхэм гукъыдэж ирегъуэтыж, Тхьэм и пащхьэм щрегуфӀэж, ХъеркӀэ гуфӀэгъуэшхуэ ирыреӀэ.
ЦӀыхухэм я хьэкумыр зэратрищӀыхьыр пэжщ икӀи захуэщ. Зинэ щӀэнымкӀэ дунейр зыгъэкӀуэду щыта псэжьышхуэр абы игъэкъуэншащ. Езым хуэлажьэ цӀыхухэм я лъыуэ а псэжьышхуэм игъэжар Тхьэм иригъэпшыныжащ».
– Тхьэм мыпхуэдэу фелъэӀу: «Уэ ди Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэ! Уи цӀэр цӀыхухэм ирегъэлъапӀэ.
Уи цӀэ ин дыдэу шынагъуэм щӀыхь хурещӀ! ЛъапӀэ дыдэщ Ар.
Сыту жыпӀэмэ илъэс минхэр УэркӀэ дыгъуасэ блэкӀа махуэми, жэщым хэт къэрэгъулми хуэдэщ.
Зиусхьэн! ЩӀэблэ псоми хъумапӀэу диӀэр Уэращ.