2 ТекӀуэныгъэр къызэрихьар Зиусхьэным къигъэлъэгъуащ, и бйихэр зэригъэпшынэжар цӀыху лъэпкъхэм наӀуэ ящищӀащ.
МыкӀуэдыж уи лъагъуныгъэр ди гущӀэм нэсу пщэдджыжьым къытлъэгъэӀэс, къэдгъащӀэ махуэ псоми я кӀуэцӀкӀэ дыгуфӀэну, гукъыдэж диӀэну.
Арэзыныгъэ фигу илъу, Абы и къалэбжэм, и пщӀантӀэхэм, щӀыхь хуэфщӀурэ, фыдыхьэ. ЩӀыхь хуэфщӀ Абы, Абы и цӀэр фӀэт!
Дауэ хъун Уэ ар пщӀэну, щыпкъагъэ зиӀэри зимыӀэри зэдэбгъэкӀуэдыну, щыпкъагъэ зимыӀэм къыщыщӀыр щыпкъагъэ зиӀэм къехъулӀэу; дауэ хъун Уэ ар къыббгъэдэкӀыу! ЩӀылъэ псом и хеящӀэм дауэ лей зэрихьэн?
Сыту ин Тхьэм и фӀыгъуэшхуэр, и акъылъыфӀагъэшхуэр, и щӀэныгъэшхуэр! И гухэлъышхуэхэр зэхихун зыми лъэкӀынукъым. И Ӏуэхухэми я ужь ихьэн зыми лъэкӀынукъым.
Тхьэм игу хагъэщӀу, жаӀащ: «Къум нэщӀым Ӏэнэ щигъэувын лъэкӀыну Тхьэм?
Гугъуехь дыщыхэбгъэхуа махуэхэм пэкӀуэу гукъыдэж къыдэтыж – тхьэмыщкӀагъэ щытлъэгъуа илъэсхэм папщӀэ.