1 ХужыфӀэ Зиусхьэным уэрэдыщӀэ; гъэщӀэгъуэныщэщ Абы и ӀэщӀагъэхэр. И Ӏэ ижьымрэ и лъэкӀыныгъэ лъапӀэмрэ текӀуэныгъэр Абы къыхудахащ.
КӀыфӀыгъэм и тепщэныгъэм дыкъыщӀихыжри, фӀыуэ илъагъу и Къуэм и тепщэныгъэм дыщӀигъэуващ.
Зиусхьэным гуфӀэгъуэ макъыр хуэфӀэт, зэрыщӀыгуу!
Уэ, Зиусхьэну цӀыхур зыгъэпшынэжым, Уэ, Тхьэуэ цӀыхум и гъэпшынакӀуэм, уи губжь къэгъэлъагъуэ!
«Уэ, лъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Зиусхьэн Тхьэуэ, щыӀауэ, иджыри щыӀэм, щӀыхьышхуэр пхудощӀ, сыту жыпӀэмэ уи лъэкӀыныгъэшхуэр къэпщтауэ, тепщэныгъэшхуэр узэриӀэр къэбгъэлъэгъуащ.
Ди адэшхуэу Даут и тепщэныгъэу къакӀуэм щӀыхьышхуэр ейщ! Хьусаннэ! Тхьэу Лъагэм щӀыхьышхуэр ейщ!
Ахэр хытӀыгу, хы Ӏуфэ хэгъэгухэм итӀысхьащ, хэти езым и бзэ иӀэжу, и лӀакъуи иӀэжу, и цӀыху лъэпкъи иӀэжу.
ШейтӀаным гуэныхь дигъэлэжьыну хуит умыщӀ, икӀи абы дыщыхъумэ. МыкӀуэдыжын тепщэныгъэшхуэр, лъэкӀыныгъэшхуэр, щӀыхьышхуэр ууейщ. Ӏэмин».
Уи Тепщэныгъэшхуэр* кърекӀуэ. Уэ узыхуейр уафэм зэрыщыхъум хуэдэу, щӀылъэми щрехъу.
Иуанщ Ешайа бегъымбарым мыр жиӀэу зытепсэлъыхьар: «Губгъуэ нэщӀым джэ макъ къыщоӀу: Зиусхьэным гъуэгур хуэвгъэпси, и лъагъуэхэр захуэ хуэфщӀ».
Зиусхьэным фыфӀэлӀыкӀыурэ фыхуэлажьэ, фи гур къилъэту фыгуфӀэ*.