4 Абы и хъуэпскӀым зэщӀегъэнахуэ дунеишхуэр; ар елъагъури, мэтхытх щӀыгур.
Тепщэныгъэ зиӀэхэм фащымыгугъ, цӀыхум и къуэхэу дэӀэпыкъуэгъу хъун зылъэмыкӀынухэм.
Тхьэм и щӀыхьыр зы махуэм адрей махуэм лъегъэӀэс, зы жэщым адрей жэщым ирегъащӀэ Тхьэм и хъыбар.
Уэ, Зиусхьэн, къыпщымышынэ цӀыхуи щӀыхьышхуэ къыпхуэзымыщӀ цӀыхуи щыӀэкъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ лъапӀэ закъуэу щыӀэр уэращ. ЩыпкъагъэкӀэ хьэкум зэрыпщӀэр нахуэ зэрыхъуам щхьэкӀэ, лъэпкъ псори уи пащхьэм ихьэнурэ уагъэлъэпӀэнущ».
И щӀыхьыр яхуэфӀуатэ цӀыху лъэпкъхэм, и телъыджащэхэр лъэпкъ псоми евгъащӀэ.
Сыту жыпӀэмэ дэ уи губжьым дегъэкӀуэд, уи губжь лъэщым дегъэшынэ.
дунейм и цӀыхухэр уи гъуэгум нэӀуасэ хуэхъуну, гуащӀэ узэриӀэр цӀыху лъэпкъ псоми ящӀэну.
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Корах и къуэхэм я уэрэд. Уэрэд
Фызыщышынэн хуейр сэ вжесӀэнщ: иукӀар жыхьэнмэм хидзэжыну тепщэныгъэ зиӀэм фыщышынэ. ВжызоӀэ: аращ фызыщышынэн хуейр.
ИрегуфӀэ, щӀыхь уэрэд ирегъэӀу лъэпкъ мащӀэхэм! Сыту жыпӀэмэ цӀыху лъэпкъ псоми хьэкум захуэ ятыбощӀыхь Уэ, лъэпкъ мащӀэхэри уогъэӀурыщӀэ.
жэщ гупсысэхэм сагъэтыншыркъым, согупсыс, сызоупщӀыж:
И Ӏуэхушхуэ гъэщӀэгъуэнхэм папщӀэ щӀыхь хуэфщӀ, щыӀэ псоми зэранэхъ иным папщӀэ щӀыхь хуэфщӀ.