2 Яхэтщ Ар пшагъуэмрэ кӀыфӀ зэфэзэщымрэ; щыпкъагъэмрэ захуагъэмрэ тетщ Абы и тахътэр.
– Дуней псор къэфкӀухьурэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм, – цӀыху псори хъыбарыфӀым* евгъэдаӀуэ.
Пащтыхьыр бэрэ ирепсэу, Щэбэ и дыщэм щыщ абы кърырет! ФылъаӀуэ зэпымыууэ Тхьэм и нэфӀ махуэ енкӀэ абы къыщыхуэну.
Нэхъ сызыщыгугъ си ныбжьэгъуу си шыгъупӀастэ зыдэзгуэшауэ щытам и щӀыб къысхуигъазэри, бий къысхуэхъуащ.
Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ. Зиусхьэным, сигу, щӀыхь хуэщӀ.
Уафэми, щӀыми, щӀы щӀагъми, хыми щыпсэууэ Тхьэм къигъэщӀа псэ зыпыт псоми къыжаӀэу зэхэсхащ итӀанэ: «ФӀыщӀэшхуэр, лъытэныгъэшхуэр, щӀыхьышхуэр, тепщэныгъэшхуэр тахътэм тесымрэ Щынэмрэ яйщ игъащӀэкӀэ».
Тхьэуэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и Адэрщ щӀыхьышхуэр зейр. Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, уафэм къикӀыу, гурэ псэкӀэ Тхьэм и нэфӀ лъэныкъуэ псомкӀэ къытщыхуащ.
(Паул итӀанэ къыщӀигъужащ:) – Ибрэхьим къытехъукӀа си къуэшхэ, фэ нэгъуэщӀ лъэпкъхэм щыщу Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъхэ, Тхьэм цӀыхухэр мыкӀуэду къызэрыригъэлым и хъыбарыр къызылъэӀэсар дэращ.
Уэ, Цион къалэ, Зиусхьэным, уи Тхьэм, иӀыгъынщ тепщэныгъэр игъащӀэкӀэ – щӀэблэм щӀэблэр кӀэлъыкӀуэу. ЩӀыхьыр ейщ Зиусхьэным!
Уэ кӀыфӀыр уодзри, жэщ мэхъу. А зэмыным къожьэ хьэкӀэкхъуэкӀэхэр.
Сыпсэуху, щӀыхь хуэсщӀынщ Зиусхьэным; сэ сыпсэуху, Зиусхьэным щӀыхь уэрэд хужысӀэнщ.