9 Си шыӀэныгъэ здынэсри Сэ сызыхуэдэри ягъэунэхуащ фи адэжьхэм, си ӀэщӀагъэ зыхуэдэр ялъэгъуарэ пэт.
Зиусхьэным ирегъэувыӀэ щытхъу нэпцӀ жызыӀэ жьэ псори, зыщытхъуж бзэгухэр,
Зиусхьэныращ сыкъэзыхъумэ абрэмывэ быдапӀэу сиӀэр, бийхэм саӀэщӀэзыхыр, си Тхьэр – си къуршу щхьэегъэзыпӀэу сиӀэр, си мэӀур, сыкъезыгъэл гуащӀэшхуэр, си щтапӀэр.
УкӀытэ ямыӀэу, щӀэнэкӀалъэ сащӀ зэпытащ, я дзэхэр къысхузэрагъэшхащ.
Пкъыр зэрыщыту нэуэ щытатэмэ, дэӀуэным и Ӏуэху дауэ хъунт? Апхуэдэуи, пкъыр зэрыщыту тхьэкӀумэу щытатэмэ, мэ къыпщӀихьэным и Ӏуэху дауэ хъунт?