4 ЩӀым и кууупӀэхэр Абы и Ӏэм илъщ, бгы щыгухэри и Ӏэрылъхьэщ Абы.
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и акъылыфӀагъэ уэрэд
Зиусхьэн, си бзэм ӀункӀыбзэ ети, си Ӏупэр быдэу убыд;
Фэ, блэ щылъхухэ, апхуэдиз бзаджагъэ фхэлъу фӀы зэрыжыфӀэнур дауэ? Жьэм къыжьэдэкӀыр гум илъырщ.
Фарисейхэм, ар щызэхахым, мыпхуэдэу жаӀащ: – Жин бзаджэхэм я пашэ Велзевул и къарукӀэщ жин бзаджэхэр цӀыхухэм абы зэрахихур.
Уэракъэ ӀэщӀыб дызыщӀауэ ди дзэм гъусэ къахуэмыхъур, ди Тхьэ?
Уэ фӀыуэ плъагъухэр гугъуехьым хэкӀыжын папщӀэ; Уи Ӏэ ижьымкӀэ сыкъегъэли, сызэхэх.
Я нэпсхэр къыщӀэжурэ жылэ зысэхэм Ӏурехыж гуфӀэгъуэм хэту.