2 Дыкъэлъагъу, щӀым и хеящӀэ, зыкъызыфӀэщӀыжхэм яхуэфащэр ярегъуэт.
Тхьэр абы и гупсэщ; щэнэуэнкъым а къалэр Нэхущыгъуэм Тхьэр абы дэӀэпыкъуэгъу хуэхъунущ.
Зиусхьэным жреӀэ: «Уэращ си хъумапӀэу, си щхьэегъэзыпӀэр, Уэращ си Тхьэу сызыщыгугъыр!»
Хьисэ Мэссихь дыгъуасэ зэрыщытам хуэдэу, зызэримыхъуэкӀауэ ноби щытщ, игъащӀэкӀи щытынущ.
Смирнэ къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым и мелыӀычым мы хъыбарыр хуэтх: Япэрейуэ икӀи Иужьрейуэ, лӀэуэ къэхъужам мы псалъэхэр жеӀэ:
Плъагъур тхылъым итхи, члисэ зэхуэсиблым яхуегъэхь: Ефес, Смирнэ, Пергам, Фиатирэ, Сардис, Филаделфие, Лаодикие къалэхэм щыӀэ члисэ зэхуэсхэм».
ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Зиусхьэну щыӀауэ, щыӀэу икӀи игъащӀэкӀэ щыӀэну Тхьэм къыжеӀэ: «Алфэри Омегэри, япэрейри иужьрейри сэращ».