5 Уи псалъэ гъуазэхэр шэчыншэу тэрэзщ, Уи унэр, Зиусхьэн, игъащӀэм зыгъэщӀэращӀэр фӀыгъэ – къабзагъэр арщ.
Сэ жысӀащ: Зиусхьэн! ГущӀэгъу къысхуэщӀ, сыгъэхъужь, сэ Уи пащхьэ гуэныхь щызлэжьащ.
А Ӏуэхухэр Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэмкӀэ дэ къытхуигъэнэхуащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Ӏуэху псори егъэунэху, ар Ӏуэхухэм я кууупӀэхэми ялъоӀэс.
Абы къытепщӀыкӀахэр щылъэщынщ щӀыгум; Езым хуэщыпкъэхэм Тхьэм и нэфӀ къащихуэнщ.
Тхьэм хуэлажьэ Мусэмрэ Щынэмрэ я уэрэдыр жаӀэрт: «ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Зиусхьэну Тхьэ, уэ блэжь Ӏуэхухэр Ӏуэхушхуэщ икӀи Ӏуэху гъэщӀэгъуэныщэщ. Уи гъуэгухэр гъуэгу захуэщ икӀи гъуэгу пэжщ, уэ цӀыху лъапӀэхэм урапащтыхьщ.
Тхьэм Езым и цӀыху лъэпкъыр лъэщ дыдэу игъэбэгъуащ, и бийхэм нэхърэ нэхъ гуащӀэшхуэ яхэлъ ищӀащ.
дунейм и цӀыхухэр уи гъуэгум нэӀуасэ хуэхъуну, гуащӀэ узэриӀэр цӀыху лъэпкъ псоми ящӀэну.
Уи хеягъэ нэхунэм хуэдэу, уи захуагъи шэджагъуэм хуэдэу къыхигъэщынщ Абы.
Ӏуэхушхуэ щӀагъуэхэмкӀэ укъытпогъуэкӀ, текӀуэныгъэ къыдыбогъэхь, ди Тхьэ, ди КъегъэлакӀуэ, щӀыгум и къуапэ псоми щыпсэу цӀыхухэри, хы жыжьэхэм тетри Уэ къыпщогугъ.