8 Уи нитӀкӀэ уплъэнщ, Тхьэм цӀыху бзаджэхэр зэригъэпшынэм уеплъынщ.
ЦӀыху лӀахэр, цӀыкӀуи ини, тахътэм и пащхьэм иту слъэгъуащ. МелыӀычхэм тхылъ гуэрхэр зэгуахащ. МыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэхэр зэрыт нэгъуэщӀ тхылъи зэгуахащ. ЦӀыху лӀахэм ялэжьа Ӏуэхуу а тхылъхэм ярытым яхуэфащэ хьэкумыр тахътэм тесым ятрищӀыхьащ.
икӀи дигухэм дагъэкъуаншэ щыхъукӀэ, Тхьэм и пащхьэм гузэгъэгъуэ къыщыдэзытыр. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэр дигухэм нэхъри нэхъ инщ икӀи псори ещӀэ.
Аращи, игъуэ нэмысауэ, Зиусхьэнри къэмыкӀуэжауэ, Ӏуэху гуэрым хьэкум тевмыщӀыхь. КӀыфӀыгъэм щӀиуфар Зиусхьаным къигъэнэхуэнущ, цӀыхухэм я гум илъри нахуэ къищӀынущ. Тхьэм хэти хуэфащэ щӀыхьыр къритыжынущ абы щыгъуэ.
А Ӏуэхур апхуэдэу зэрыщытыр нахуэ хъунущ сэ цӀыхухэм яхуэсӀуатэ хъыбарыфӀым теухуауэ. Ар нахуэ щыхъунур Хьисэ Мэссихь къыпкъырыкӀыу Тхьэм цӀыхухэм я гум илъ щэхухэм хьэкум щатрищӀыхьыну махуэрщ.
Сэ, Зиусхьэныр, сызылъагъу мыхъухэр, къызэубзэнт. Апхуэдэ насып игъащӀэкӀи яӀэнти итӀанэ.
Абы щыгъуэ Уи гуапэ хъунщ щыпкъагъэкӀэ пхуащӀ къурмэнхэр, зэрыпсэууэ ягъэс къурмэнхэр, Абы щыгъуэ къытралъхьэнщ уи къурмэнщӀыпӀэм танэхэр.