1 Псоми Я нэхъ Лъагэм и бгъафэм щыпсэу, лъэкӀыныгъэ псори зиӀэм и жьауэ щӀэтым
ЩыпкъагъэкӀэ псэу лъэпкъхэм бгыхэмрэ Ӏуащхьэхэмрэ берычэтыр къахурехь.
Апхуэдэу Тхьэм къытхуиӀэ фӀылъагъуныгъэр дощӀэ икӀи а фӀылъагъуныгъэм дыщогугъ. Тхьэр фӀылъагъуныгъэщ. ФӀылъагъуныгъэр зи гум илъ цӀыхур Тхьэм и псэм щыщщ, Тхьэри а цӀыхум и псэм хэлъщ.
Щэбэт махуэм жаӀэ уэрэд
Си пкъыр зышхыу, силъми ефэм и псэм сыт щыгъуи сыщыщщ, езыри сэ си псэм щыщщ сыт щыгъуи.
Уэ игъащӀэкӀэ, Зиусхьэн, Псоми Уранэхъ Лъагэщ!
Тхьэм и цӀыху Мусэ и тхьэлъэӀу
Ауэ уэ, Тхьэм и цӀыху, а Ӏуэхухэм пэӀэщӀэ зыщӀ. Щыпкъагъэр, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ, фӀэщхъуныгъэр, фӀылъагъуныгъэр, теубыдагъэр, гущабагъэр уи гум зэрилъыным хущӀэкъу.