Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Уэрэд 9:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Уи щӀыхьыр сӀуэтэнущ, Зиусхьэн, гууэ сиӀэмкӀэ; уи ӀэщӀагъэ гъэщӀэгъуэнхэр псори сӀуэтэнущ;

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Уэрэд 9:2
18 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Я къуаншагъэм ирехьыж ахэр, си Тхьэ, я гухэлъ бзаджэхэм трекӀуэдэж; гуэныхьу ящӀар бэщ, зыкъыпхуаӀэтащи, уи пащхьэ иумыгъэт ахэр.


Абы и гужьгъэжьыр езым и щхьэм къылъосыж, и бзаджагъэр и щхьэм къытохуэж.


Зиусхьэным и пащхьэм; сыту жыпӀэмэ ар къокӀуэ щӀыгум хьэкум трищӀыхьыну. Дунеишхуэм хьэкум трищӀыхьынщ Абы щыпкъагъэкӀэ, захуагъэкӀэ зэхихунщ цӀыху лъэпкъхэм я Ӏуэхухэр.


МафӀэ хъуаскӀэхэр къахегъэлъэт Зиусхьэным и макъым.


Фэ, Зиусхьэныр зи псэм щыщхэр, сыт щыгъуи фыгуфӀэ. Иджыри зэ нывжызоӀэ, фыгуфӀэ.


Зиусхьэным тепщэныгъэр иӀыгъщ; тепщэныгъэшхуэр и фащэщ Зиусхьэным, лъэкӀыныгъэ иныр и Ӏэрылъщ, дунеишхуэр быдэу игъэуващ, ар и щӀыпӀэ зыми иригъэкӀынкъым.


Ауэ псыбэм я къибыргъукӀ макъ нэхъри, толъкъунхэм я макъ нэхъри, Зиусхьэныр лъагапӀэм щынэхъ лъэщщ.


Сыту жыпӀэмэ абыхэм я джатэкӀэкъым щӀыгур зэраубыдар, я гуащӀэркъым текӀуэныгъэр къахуэзыхьар – Уи Ӏэ ижьымкӀэщ, уи гуащӀэкӀэщ, уи нэгу и нэхугъэкӀэщ; сыту жыпӀэмэ Уэ абыхэм нэфӀкӀэ уеплъащ.


ЩӀыхьыр зейр Зиусхьэнырщ, сыту жыпӀэмэ си лъэӀу макъ Абы зэхихащ.


Къызэхэх, Зиусхьэн, си макъыу сынызэроджэр; гущӀэгъу къысхуэщӀи, жэуап къызэт.


И мафӀэр егъакӀуэ Абы, Езым и пэ иту, и бийхэр щегъэс дэнэкӀи.


Зиусхьэн! Уэ сыбгъэунэхуащ, сыкъыбощӀэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ