17 Хьэкуму ятрищӀыхьамкӀэ Зиусхьэным Езыр зыхуэдэр яригъэщӀащ; цӀыху бзаджэр езым и ӀитӀкӀэ илэжьам текӀуэдэжащ.
Ауэ къэрабгъэхэми, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэми, зызыгъэуфӀеяхэми, лӀыукӀхэми, зинэ зыщӀэхэми, удыгъэм хэтхэми, тхьэ нэпцӀ зыгъэлъапӀэхэми, пцӀыупсхэми я Ӏыхьэр мафӀэмрэ тхъуэбзащхъуэмрэ ис хыр арщ. Ар етӀуанэ лӀэныгъэрщ.
МыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъым зи цӀэхэр ирамыгъуэта цӀыхухэр мафӀэм ис хым хадзащ.
Ауэ гугъуехьым хэту ахэр Зиусхьэным щелъэӀум, Абы ахэр щӀыпӀэ гузэвэгъуэм къришыжащ,
Тхьэм хуэпщӀ щӀыхьыр уи къурмэныпхъэ ирехъу, Псом я нэхъ Лъагэм псалъэу ептар гъэзащӀэ.
Уи адэжьхэм я пӀэкӀэ уи къуэхэр къэхъунщ, щӀыгум дэнэкӀи ахэр уэ пщыуэ щыбгъэувынщ.