13 Сыту жыпӀэмэ лъы зыгъажэр егъэпшынэ. Гу лъетэ, зэхех хэутэн ящӀахэм я гукъеуэ макъ.
Уи тхьэкӀумэр къысхуэгъази, къиным сыкъыхэшыж псынщӀэӀуэу, Уэ абрэмывэ хъумапӀэ, быдапӀэ лъэщ къысхуэхъу.
Си Ӏэхэр ныпхузоший Уэ; псы хуэлӀа щӀыгум хуэдэу, си псэр къыпщӀохъуэпс.
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и усыгъэ
Тхьэм и гъуэгум текӀащ псори, щхьэрыуэри гъуэщащ; фӀы зыщӀэ яхэткъым – зы нэрыбги яхэткъым.
Мывэм къыхэщӀыкӀауэ псылъих щытт абдежым, журтхэм я дин хабзэм тету загъэкъэбзэн щхьэкӀэ. Дэтхэнэ псылъэми литр ищӀ-щэрэ тӀощӀрэ хуэдиз ихуэрт.
– Дэнэ щыӀэ Хьэбэл, уи къуэшыр? – жриӀащ Зиусхьэным Къаин. – СщӀэркъым, – жиӀащ абы, – сэ си къуэшым срихъумакӀуэ?
– Сыт уэ пщӀар? – жиӀащ Зиусхьэным, – уи къуэшым илъ бгъэжащ, къыщӀоӀукӀ абы и гуӀэ макъэр щӀы щӀагъым.
Уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжым сыщогугъ сэ; сымыкӀуэдыну Уэ сыкъызэребгъэлынур си гуфӀэгъуэщ; си Зиусхьэну фӀыкӀэ къысхущытым сэ щӀыхь уэрэд хужысӀэнщ.