11 Уи цӀэ зыщӀэхэр къыпщогугъ, сыту жыпӀэмэ, Зиусхьэн, Уэ зыкъыпхуэзыгъазэхэр утыкум къибнэнкъым.
Ди Тхьэ, гущӀэгъу къытхуэщӀ, уи нэфӀ къытщыгъахуэ; уи нэгум и нэху къыттегъапсэ,
Срыуи ӀурыщӀэщ, фӀы къысхуэщӀэ, сыпсэуну, згъэзэщӀэну уи псалъэхэр.
Зиусхьэным фӀыуэ елъагъу ер зи жагъуэхэр! Езым и цӀыху лъапӀэхэм я псэр Абы къехъумэ, гуэныхь зылэжьхэм къыӀэщӀехыж.
ИрегуфӀэ, щӀыхь уэрэд ирегъэӀу лъэпкъ мащӀэхэм! Сыту жыпӀэмэ цӀыху лъэпкъ псоми хьэкум захуэ ятыбощӀыхь Уэ, лъэпкъ мащӀэхэри уогъэӀурыщӀэ.
Си тхьэусыхафэр Тхьэм изохьэлӀэ, си макъ соӀэт, Абы сыкъыхихын папщӀэ.
Сыщыплъэм, Сион Ӏуащхьэм Щынэр тету слъэгъуащ итӀанэ. Щынэм и цӀэмрэ абы и Адэм и цӀэмрэ зи натӀэм тет цӀыху минищэрэ плӀыщӀрэ плӀырэ и гъусэт.
Сэ уэ абыхэм уезгъэщӀащ икӀи уезгъэщӀэнущ, уэ къысхууиӀэ фӀылъагъуныгъэр сыт щыгъуи абыхэм ягу илъын, сэри абыхэм я псэм сыщыщын щхьэкӀэ.
Фэ фыкъыздэкӀуар Сион Ӏуащхьэр арщ, гъащӀэ зиӀэ Тхьэм и къалэшхуэу, уафэм щыӀэ Ерусалиму мелыӀычхэр мин бжыгъэкӀэ здэщыӀэр арщ.
Зиусхьэн унэшхуэм щыхаса жыгхэм хуэдэу, ди Тхьэм и унэшхуэ пщӀантӀэм къыщощхьэлъэ.