10 Зиусхьэныр быдапӀэ яхуохъу яужьыгуахэм, махуаем Ар я хъумапӀэщ.
Зиусхьэн унэшхуэм щыхаса жыгхэм хуэдэу, ди Тхьэм и унэшхуэ пщӀантӀэм къыщощхьэлъэ.
Я къуаншагъэм ирехьыж ахэр, си Тхьэ, я гухэлъ бзаджэхэм трекӀуэдэж; гуэныхьу ящӀар бэщ, зыкъыпхуаӀэтащи, уи пащхьэ иумыгъэт ахэр.
Аращ мы гугъуехьыр щӀэсшэчыр, ауэ сыдзыхэркъым, фӀэщхъуныгъэ зыхузиӀэ Хьисэ Мэссихь сощӀэ, езыми си пщэм къыдилъхьа Ӏуэхум а махуэм нэсыху ар къыхуэсакъын зэрылъэкӀынум сыщогугъри.
Тхьэм и Къуэр къакӀуэу, Тхьэ пэжыр тщӀэну зэхэщӀыкӀ къызэрыдитари дощӀэ. Щыпкъагъэр Зигу Илъыр ди псэм щыщщ – Тхьэм и Къуэу Хьисэ Мэссихьыр арщ. Ар Тхьэ щыпкъэу щытщ икӀи цӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ езытыр аращ.
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. «СумыгъэкӀуэд» макъамэр щӀэлъу ягъэӀу. Даут и уэрэд
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ «КӀыфӀыгъэм нэху къыхрекӀ», жызыӀа Тхьэм и нэхур ди гум къридзащ. А нэхум Тхьэм и щӀыхьышхуэу Мэссихь и нэгум къищыр зыхуэдэр дегъащӀэ.
ЦӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ яӀэ зэрыхъу гъуэгур уэ Тхьэ щыпкъэ закъуэр узэращӀэнури, уэ къэбгъэкӀуа Хьисэ Мэссихь зэращӀэнури аращ.
Тхьэр зэрытщӀэр пэжу къэзыгъэнаӀуэр абы и унафэхэр зэрыдгъэзащӀэр арщ.