3 Бгыхэр къэхъун я пэкӀи щӀыр, дунейр къыщыбгъэщӀми, лӀэщӀыгъуэхэм къащегъэжьауэ лӀэщӀыгъухэм нэсыжу Уэ у-Тхьэщ.
Даут бегъымбару щытащ, абы ищӀэрт езым къытехъукӀыну цӀыхухэм ящыщу Мэссихьыр езы Даут и пащтыхь тахътэм тригъэтӀысхьэну Тхьэм псалъэ быдэкӀэ къызэригъэгугъар.
НэгъуэщӀ цӀыхухэр Тхьэм и псалъэ быдэ хэмылъу дин пашэ хъуащ, ауэ Хьисэ дин пашэ щыхъум, Тхьэм къыжиӀар псалъэ быдэкӀэ игъэпэжащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм мыпхуэдэу къыжриӀащ: «Сэ, Зиусхьэныр, жысӀар псалъэ быдэкӀэ згъэпэжурэ, абы сыхущӀегъуэжынукъым: Уэ дин пашэу ущытынущ игъащӀэкӀэ».
Уафэм макъ къиӀукӀащ итӀанэ: – Мыращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэу си гум ирихьыр.