9 Зиусхьэн, лъэкӀыныгъэ псори зиӀэ ди Тхьэ! Хэт Уэ пхуэдэу гуащӀащафӀэр, Зиусхьэн? Щыпкъагъэр Уэ къощӀэкӀащ лъэныкъуэ псомкӀи.
Хъыбар дэгъуэщ уэр папщӀэ яӀуатэр, Тхьэм и къалэ!
уафэхъуэпскӀыр къэгъэлыди, уи бийхэр зэбгрыху; уи шабзэшэхэр утӀыпщи, ахэр зэбгрыху.
Сэ бзагуэ сыхъуащ, си жьэ къызэтесхыркъым – Уэ пщӀащ апхуэдэу.
Хьисэ къэгъащ абдежым.
Къогий зэпыту щыткъым Ар, и губжьи куэдрэ иӀыгъкъым.
Эзрак и къуэ Этан иуса уэрэд
Тхьэм щӀыхь хуэсщӀынщ уэрэдкӀэ, щӀыхь хуэсщӀурэ, зэрыиныр езгъэщӀэнщ цӀыхум.
Уи нэхунэрэ щыпкъагъэу пхэлъымрэ къыслъэгъэӀэс; абыхэм срырешажьи, срешэ уи Ӏуащхьэ лъапӀэмрэ уи унэшхуэ узыщыпсэумрэ я деж.
Си щэӀуным сиухащ; си гъуэлъыпӀэм жэщ къэси нэпсыр щызогъажэ, си пӀэр си нэпсымкӀэ соуфэнщӀ.
И бзаджэщӀагъэм папщӀэ цӀыхур бгъэпшынэмэ, щыгъыныр хъуным зэрехъулӀэу, абы уасэ зыхуищӀыр уогъэкӀуэд. Аращ, дэтхэнэ цӀыхури зы жьыкъэшэгъуэщ!