3 Сыту жыпӀэмэ сощӀэ: уи лӀагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр игъащӀэкӀэ щыӀэну гъэпсащ, щыпкъагъэу пхэлъыр уафэгум Уэ быдэу щыбгъэуващ.
Пасэрей псалъэ къыхэздзэн сфӀэигъуэщ, пасэрейм хъыбар щэхуу жаӀахэр къэсӀуэтэнщ –
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд Зиусхьэным и ӀурыщӀэ Даут, Зиусхьэным ар Шаули адрей и бий псоми емыкӀуэдылӀэну щащихъумэм, Зиусхьэным хуэкӀуэу мы уэрэдым хэлъ псалъэхэр мыпхуэдэу жиӀащ: