5 Цион къалэм папщӀэ Тхьэм жиӀэнщ: «Мыбы хуэдэр икӀи мыбы хуэдэ цӀыхур абы къыщыхъуащ, сыту жыпӀэмэ Псоми Я Нэхъ Лъагэр арщ а къалэр зыгъэбыдэнур».
ЩӀыпӀэу Уэ яхуэбгъэнэхуам – бгыхэм докӀ, кӀейхэм ирокӀуэ псыхэр.
Абы щыгъуэ къыдэӀэпыкъункӀэ Зиусхьэным елъэӀу дэтхэнэри мыкӀуэду къелынущ».
Зиусхьэн! Уэ уи унэ псэупӀэ фӀыуэ солъагъу, уи щӀыхьым и псэупӀэри аращ.
– Тхьэм и тыгъэр зыхуэдэри «Псы тӀэкӀу сегъафэ» къыбжезыӀари уэ пщӀэуэ щытатэмэ, абы уелъэӀунт, абыи гъащӀэ къозытын псы уригъэфэнт, – жриӀэжащ Хьисэ цӀыхубзым.
Зиусхьэным и пащхьэ щыӀэсэ, зышыӀэ, Абы щыгугъ. Уемыхъуапсэ зи Ӏуэху къызыдэхъум, хьилагъэ зезыхьэм зумыгъэгъэгумэщӀ.
Дэ тщӀа гуэныхьхэм къахэкӀкӀэ, лӀахэм хуэдэу дыщыта пэтми, гущӀэгъушхуэ зиӀэ Тхьэм къытхуиӀэ фӀылъагъуныгъэшхуэм щхьэкӀэ Мэссихь дригъусэу дыкъигъэпсэужащ. Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ дыкъригъэлащ дымыкӀуэду.
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и акъылыфӀагъэ уэрэд
Хабзэншэхэр хуэзгъэсэнщ уи гъуэгум, уи деж къагъэзэжынщ гуэныхь зыщӀахэм.
псы щӀыӀум уи псэупӀэ щыбогъэув, пшэхэр уи хьэрыгъажэщ, жьыбгъэ дамэхэмкӀэ къыбокӀухь Уэ.