Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




Уэрэд 85:8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

8 Уэ пхуэдэ тхьэ щыӀэкъым, Зиусхьэн, Уэ блэжьа Ӏуэхум хуэди щыӀэкъым.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




Уэрэд 85:8
29 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Сызэхэхи, Зиусхьэн, къысхуэгъэгъу; Зиусхьэн, дэӀэпыкъуэгъу къысхуэхъу».


ФӀыуэ слъагъухэм ягурызогъаӀуэ, икӀи согъэӀурыщӀэ. Аращи, фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, си гъуэгум фигурэ фи псэкӀэ фрикӀуэ.


Ауэ Тхьэм игъэува лъабжьэ быдэр сыт щыгъуи щыӀэнущ. Мыхъурым хуэдэу абы тедзащ: «Зиусхьэным езым и цӀыхухэр ещӀэ», икӀи «Зиусхьэным и цӀэр зыщтэ дэтхэнэми и щӀыбыр бзаджагъэм и гъуэгум хурегъазэ».


Гузэгъэгъуэ къыфхузогъанэ, си гузэгъэгъуэр фызот: Гузэгъэгъуэу сэ фэстыр дунейм къывитын лъэкӀынукъым. Фымыгузавэ икӀи фымышынэ.


Екъуб и къуэхэри къикӀыжащ губгъуэм, къэхъуар щызэхахым; я жагъуэ хъуащ а лӀыхэм, къызэщӀэнащ губжькӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Израилым и напэр трихащ Щэхэм, Екъуб и пхъум дэгъуэлъри, атӀэми ар мыхъуну щытащ.


Фысакъ, къэпсалъэм фи щӀыб хуэвмыгъазэ. Тхьэм деж къикӀ хъыбарыр щӀылъэм къыщыжызыӀэгъам зи щӀыб хуэзыгъэзахэм яхуэфащэ тезырыр ягъуэтыжащ. Аращи, уафэм къикӀыу дэ къыдэпсалъэм ди щӀыб хуэдгъазэмэ, абы нэхърэ нэхъ тхуэфащэ тезырыр дгъуэтынукъэ?


Гузэгъэгъуэ псори къыдэзыт Зиусхьэным сыт и лъэныкъуэкӀи гузэгъэгъуэ къыврет сыт щыгъуи. Зиусхьэныр фэ псоми гъусэ фхурехъу.


Мэссихь къакӀуэри, фэ, Тхьэм пэжыжьэу щыта цӀыхухэми, абы и гъунэгъуу щыта цӀыхухэми, зэкӀужыныгъэм и хъыбарыр къывигъэщӀащ.


Ауэ иджы Тхьэр фщӀэ хъуауэ, е Тхьэм фыкъищӀауэ жысӀэмэ, нэхъыфӀкъэ, лъэкӀыныгъэ зимыӀэ а еплъыкӀэ мыхьэнэншэхэм захуэвгъэзэжыну фыщӀыхуейр сыт? Абыхэм аргуэру пщылӀ фахуэхъужыну фыхуей?


Тхьэм израил цӀыхухэм ялъигъэӀэса хъыбарыфӀыр фэ фощӀэ. Ар мыпхуэдэу жызыӀэ хъыбарыфӀырщ: Хьисэ Мэссихьу цӀыху псоми я Зиусхьэнырщ цӀыхухэр Тхьэм езыгъэкӀужыр.


Тхьэм езым и Къуэр къыщигъэлъагъуэм, лъэпкъхэм ящыщу япэ дыдэу къызыхуигъэкӀуар фэращ, фэ фщыщ дэтхэнэри и гъуэгу мыхъумыщӀэм трыригъэгъэкӀыу и нэфӀ къыщригъэхуэн щхьэкӀэ.


Махуий дэкӀа нэужь, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр аргуэру унэм щызэрихьэлӀащ, Фоми я гъусэу. Бжэхэр къагъэбыдэжа пэтми, Хьисэ къакӀуэщ, я пащхьэ къиувэри, къажриӀащ: – Фигу ирезагъэ!


А махуэ дыдэм, тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм и пщыхьэщхьэм, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр унэ гуэрым щызэӀущӀащ. Журтхэм ящышынэрти, ахэр щызэӀущӀа унэм и бжэхэр къагъэбыдэжащ. Хьисэ абыхэм я деж къакӀуэщ, жыхафэгум къытеувэри, къажриӀащ: – Фигу ирезагъэ!


– Зыми, Зиусхьэн, – жиӀащ цӀыхубзым. – Сэри узгъэкъуаншэркъым, – жиӀащ Хьисэ. – КӀуэж, нобэ щыщӀэдзауэ гуэныхь зыхэлъ умыщӀэ.


А лӀым Тхьэм и унэшхуэм щрихьэлӀэри, Хьисэ абы жриӀащ: – Мис, уэ ухъужащ. Нэхъей къыпщымыщӀын щхьэкӀэ, гуэныхь зыхэлъ умыщӀэ дяпэкӀэ.


Сыту жыпӀэмэ бзаджагъэу злэжьар зыдызощӀэж, гуэныхьу злэжьахэр си пащхьэ илъщ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ