13 Сыту жыпӀэмэ мыкӀуэдыжын лъагъуныгъэу Уэ къысхууиӀэр ин дыдэщ: си псэр хьэдрыхэ и кууупӀэм къыхэпшри, щхьэхуит сыпщӀащ Уэ.
МыкӀуэдыж уи лъагъуныгъэр ди гущӀэм нэсу пщэдджыжьым къытлъэгъэӀэс, къэдгъащӀэ махуэ псоми я кӀуэцӀкӀэ дыгуфӀэну, гукъыдэж диӀэну.
– УнафэщӀэ фхузощӀ: ФӀыуэ фызэрылъагъу. Сэ фӀыуэ фызэрыслъагъум хуэдэу, фэри фӀыуэ фызэрылъагъу.
«Тхьэр си псэм щыщщ» жызыӀэр Хьисэ зэрыпсэуам хуэдэу псэун хуейщ.
Аращи, Мэссихь и пкъымкӀэ гугъуехь зэришэчам щхьэкӀэ фэри абы и гупсысэкӀэкӀэ фигу вгъэбыдэн хуейщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зипкъкӀэ гугъуехь зышэчар гуэныхь Ӏуэху хэтыжкъым.
Аращи, иджы псэур сэракъым, атӀэ си псэм щыщ Мэссихьыр арщ. Мы дунейм щызиӀэ гъащӀэр Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ си гум илъу сиӀэщ. Абы фӀыуэ силъагъури, и псэр сэр щхьэкӀэ итащ.
Дэ псоми, зи нэгу щӀэмыӀуфауэ, Зиусхьэным и щӀыхьышхуэм, гъуджэм иплъэ хуэдэ еплъхэм, нэхъ щӀыхьышхуэ диӀэ хъу зэпыту, езым хуэдэ дыхъуурэ, зэпымыууэ зыдохъуэж. А псори къызыбгъэдэкӀыр Зиусхьэным и Псэ ЛъапӀэр арщ.