11 Уи лъагъуфӀхэм сащыгъэгъуазэ, Зиусхьэн, уи щыпкъэр гъуэгуанэ схуэхъуну; Уэ уи цӀэ згъэлъэпӀэн папщӀэ, Абы фӀэлӀыкӀ хузиӀэ ирехъу.
Гъуэгури, щыпкъагъэри, гъащӀэри сэращ, – жриӀащ абы Хьисэ. – Си гъуэгу иримыкӀуэмэ, Адэ лъапӀэм деж зы цӀыхуи кӀуэн лъэкӀынукъым.
Апхуэдэу щӀищӀар и щӀыхьышхуэм тету и нэфӀ къызэрытщыхуам щхьэкӀэ дэ езым щӀыхь хуэтщӀын папщӀэщ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ езым и Къуэу фӀыуэ илъагъум къыпкъырыкӀыу Тхьэм и нэфӀ куэду къытщыхуащ.
«ЩӀыхьышхуэр уафэмкӀэ зейр Тхьэращ. ЩӀылъэмкӀи Тхьэр арэзы зыхуэхъу цӀыхухэм гузэгъэгъуэр яйщ».
Петр здэпсалъэм, пшэ Ӏэрамэ нэху напӀэзыпӀэм абыхэм къащхьэщыхьащ. А пшэм макъ къыхэӀукӀащ: – Мыращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэу си гум ирихьыр. Абы жиӀэм федаӀуэ.
Уафэм макъ къиӀукӀащ итӀанэ: – Мыращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэу си гум ирихьыр.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гуэныхь лъэпкъ зымылэжьа Мэссихь Тхьэм гуэныхьым и къурмэныпхъэ ищӀащ, Мэссихь ди псэм щыщу Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дилъытэн щхьэкӀэ.
А бзаджэхэм зэрафӀыгъуэр слъэгъуащ, а зыкъызыфӀэщӀыжхэм сэ сехъуэпсащ.