2 Сыту, лъэкӀыныгъэ псори зиӀэ Зиусхьэн, тыншыпӀэ уи псэупӀэхэр!
Пилат, зыри хищӀыхьыжын хузэфӀэмыкӀэу, цӀыхухэм нэхъ зэрызехьэ зэрыхъуар щилъагъум, псы къищтэщ, и Ӏэхэр цӀыхухэм я пащхьэм щитхьэщӀри жиӀащ: – Мы лӀыуэ щыпкъагъэ зигу илъым и лъыр сэ къыстехуэркъым. Абы и лъыр фэращ зытехуэр.
Хуабжьу зэщыхьати, Паул зэпкъратхъынкӀэ дзэпщыр шынэри, абдеж Ӏуашу быдапӀэм яшэну зауэлӀхэм унафэ яхуищӀащ.
Мы псалъэхэр къыжиӀэху, Паул цӀыхухэр едэӀуащ. МакъышхуэкӀэ къызэрыгъэкӀиящ ахэр итӀанэ: – А лӀым дунейр егъэбгынэ. Псэуну хуэфащэкъым абы!
Къалэм дэс псори къызэщӀэтаджэри, зэхэлъэдэжащ. Паул яубыдри, Тхьэм и унэшхуэм къыщӀашыжащ. КъызэрыщӀашыжу, бжэхэр ягъэбыдащ.
Ауэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ мыхъуа журтхэр фыгъуэрти, цӀыху зэхуэсыпӀэм лӀы напэншэхэр къыщагъуэтщ, цӀыху гупышхуэ зэхуашэсри, абыхэм къалэм дэсхэр къызэщӀагъэстащ. Иасон и унэм ежалӀэри, Паулрэ Силэрэ къыщӀашу, цӀыхухэм я пащхьэм кърашэну мурад ящӀащ итӀанэ.
ЦӀыхубэр, адрейхэм я гъусэу, Паулрэ Силэрэ тезэрыгуащ. Ӏэтащхьэхэм Паулрэ Силэрэ я щыгъынхэр зэфӀатхъри, щӀопщкӀэ абыхэм еуэну зауэлӀхэм унафэ хуащӀащ.
Сыт хуэдизрэ, Зиусхьэн, цӀыху бзаджэхэр, сыт хуэдизрэ цӀыху бзаджэхэр я бзаджагъэ щыгуфӀыкӀыну?
ЩӀыгур мэхъей, мэкӀэзыз абы тет псори; абы и пкъохэр сэ согъэбыдэ».
Си Зиусхьэным къыхуигъэхьауэ мыр Тхьэуэ Зиусхьэным и псалъэщ: «Уи бийхэр лъэгущӀэтын сщӀыху, си ижьырабгъумкӀэ уэ щыс».