3 ТхьэмыщкӀэм, ибэм я хьэкъ ефт; Егъэзыгъэм, екӀэкӀуам, мылъкуншэм захуагъэ ядызефхьэ;
Аращи, фшхымрэ фызэфэмрэ теухуауэ, махуэшхуэ махуэр, мазэщӀэ махуэшхуэр, зыщыдгъэпсэху махуэр ягъэлъэпӀэнымкӀэ хьэкум къыфтрищӀыхьыну зыри хуит фымыщӀ.
Мусэрэ Хьэрунрэ и дин пашэхэм ящыщащ, Самуили – елъэӀуахэм. МакъышхуэкӀэ елъэӀуащ Зиусхьэным, Ахэр зэхихащ Абы.
Сыт хуэдэ уахътыи щӀыхь хуэсщӀынщ Зиусхьэным; Абы и щӀыхьыр си бзэгу телъ зэпытынщ.
Абы щӀыхь хуэфщӀын папщӀэ фыкъафэ; уэрэд хужыфӀэ тимпанрэ пшынэдыкъуэкъуэкӀэ.